Сосрыкъуэ теухуауэ сочинение на кабардинском языке 6 класс

Конкурсное сочинение 2 на тему: мо отношение к обычаям и традициям моего народа на кабардинском языкеконкурсное сочинение 2 на

Конкурсное сочинение 2 на тему: «Моё отношение к обычаям и традициям моего народа» ( на кабардинском языке)

Конкурсное сочинение 2 на тему: «Моё отношение к обычаям и традициям моего народа» ( на кабардинском языке)

«Зэманым ек1у. Арщхьэк1э урихьэжьэу,

УмышДэ зэик1 ушДышДегъуэжын,-

Сытыц1э ф1ащлли, ц1ыхур шДым щыхьэшДэщ,

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

ученика 8-го класса Муниципального казенного общеобразовательного учреждения СОШ №25 г.о. Нальчик,

Руководитель: учитель кабардинского языка и литературы МКОУ «СОШ №25»

Русфонд (Российский фонд помощи) создан осенью 1996 года для помощи авторам отчаянных писем в газету «Коммерсантъ». Проверив письма, мы размещаем их в газетах «Коммерсантъ» (Москва), в газетах «Ставропольская правда», «Ставропольский бизнес», на сайтах rusfond.ru, livejournal.com, «Эхо Москвы», Здоровье@mail.ru, в эфире «Первого канала», на телеканалах ГТРК «Ставрополье», «СТВ», а также в 51 печатном, телевизионном и интернет-СМИ в различных регионах РФ.

Мы организуем и акции помощи в дни национальных катастроф. Фонд – лауреат национальной премии «Серебряный лучник». Президент Русфонда – Лев Амбиндер, лауреат премии «Медиа-менеджер России» 2014 года в номинации «За социальную ответственность медиа-бизнеса».

Благотворительный фонд «РУСФОНД», ИНН 7743089883, КПП 774301001, р/с 40703810700001449489 в ЗАО «Райффайзенбанк» г. Москва, к/с 30101810200000000700, БИК 044525700.

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Адрес фонда: 125252, г. Москва, а/я 50; rusfond.ru; e-mail: [email protected]

Телефоны: в Москве 8-800-250-75-25 (звонок бесплатный, благотворительная линия МТС), факс 8-(495)- 926-35-63.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

Прийти с реквизитами фонда (см. ниже) в любой банк и сделать перевод. Внимание: Сбербанк не облагает переводы в Русфонд комиссией. В строчке «назначение платежа» обязательно укажите, какому ребенку конкретно вы хотите помочь (Например: Пожертвование на лечение Имя Фамилия (ребенка в данной публикации СМИ). НДС не облагается).

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

Выберите кнопку «Оплата услуг», затем «Другие», затем кнопку «Благотворительность» и Русфонд («Российский фонд помощи»). Введите свой номер телефона и внесите пожертвование. Внимание: эта помощь безадресная. Если вы хотите, чтобы пожертвование поступило именно детям из Ставропольского края или конкретному ребенку, то после перевода сообщите его имя и фамилию нам по телефону: +7 (928) 328-02-09.

Источник

Презентация «Тексты по кабардинскому языку для списывания».

presentation bg

Описание презентации по отдельным слайдам:

Хъумп1эц1эджхэр. Кхъуэщыным фо т1эк1у илът. Фом хъум-п1эц1эджхэр ежат. Ахэр кхъуэщыным кърахужащ. Кхъуэщыныр к1апсэк1э лъа-гэу ф1адзащ. Зы хъумп1эц1эдж кхъуэщы-ным къинат. Ар к1апсэмк1э унащхьэм дэк1уеящ. Ит1анэ блынымк1э къехыжащ. Абык1э адрей хъумп1эц1эджхэми к1уа-п1эр къащ1ащ. Фор псори ирашхык1ащ.

Мэрак1уэхьэ. Махуэр хуабэщ. Хьэуар къабзэщ. Ц1ык1ухэр мэрак1уэхьэ к1уащ. Ахэр мэз лъапэм нэсащ. Мис мэрак1уэ тхьэмпэхэри. Тхьэмпэ щ1агъхэм мэрак1уэр къыщ1облэбл. Ц1ык1ухэм тафэм зрагуэшащ. Зэк1э матэ ц1ык1ухэм ирадзэр мащ1эщ. Нэхъыбэр яшх. Къахьынур ит1анэ къащыпынущ.

Мэ гуак1уэ. Бжьыхьэщ. Мэзым и пщ1ащэр ц1ырхъ хъуащ. Абы дыгъэр т1эк1у къызэпхедз. Дэ мэз щ1агъым дыщ1э-ту док1уэ. Занщ1эу мэ гуак1уэ къыт-1урыуащ. Мыжыжьэу кхъужьей инит1 къэтлъэгъуащ. Абыхэм я лъаб-жьэм кхъужьыр щ1эзщ. Сыту гуак1уэ кхъужь т1ыгъуам и мэр!

Гъэш фермэ. Малил гъэш фермэм щолажьэ. Фермэм жэм куэд тетщ. Пакъэрэ Малилрэ 1эщхэм ф1ыуэ к1элъоплъ.Жэмхэми бэкхъ хуабэ хуащ1ащ. Псыр бэкхъым бжьамийк1э щ1охьэ. Жэмхэр машинэк1э къаш. Езыхэми шэ куэд къащ1ок1.

Къуагуэ. Ди Сэлим хъумак1уэщ. Абы тыкуэнышхуэр ехъумэ. Сэлим гъуси и1эщ. Ар и хьэ сакъыр арщ. Хьэм и ц1эр Къуагуэщ. Абы и тхьэк1умэхэр пы-упщ1ащ. Къуагуэ щ1ыф1ащари аращ. Къуагуэ зэхимыхыу зыри блэ-к1ыфынукъым.

Махуэшхуэр къэблэгъащ. Тек1уэныгъэм и махуэшхуэр къэб-лэгъащ. Дэ махуэшхуэм зыхудо-гъэхьэзыр. Алихъанрэ Хьэбибэрэ усэщ1э зэрагъэщ1ащ. Сэрэбий уэрэдыр къыхедзэ. Ди лъакъуэхэр уэрэдым дедгъэк1уу къыдок1ухь. Апхуэдэущ махуэшхуэ зэ1ущ1эм дызэрык1уэнур. Ныпыр зыхьынури хэтхэщ.

Нэхъыф1 дыдэ. Губгъуэ хуитхэм гъавэр щобагъуэ. Жыг хадэхэр гъатхэ дыгъэм погъагъэ. Къалэ уэрамым ц1ыху нэщхъыф1эхэр щызэблок1. Къурш щхьэ хужьхэр ды-гъэм полыд. Псы уэрхэр зэпеуэу йо-жэх. А псори здэщи1эр ди хэкурщ. Ар псом нэхъри нэхъыф1щ.

Гъатхэ. Уэф1щ. Махуэр бзыгъэ дыдэщ. Губгъуэр щхъуант1эщ. Жыгхэр мэгъагъэ. Бжьэхэр етауэ золъатэ. Къуалэбзу ц1ык1ухэм я уэрэдым зрагъэ1эт. Жьы щабэр гум ф1эф1щ. Ц1ык1ухэм лъапц1эу тафэм къыщажыхь. Псори гъатхэ щ1эращ1эм догушхуэ.

Ди унэр. Дэ ди унэр унэщ1эщ. Уэрамымк1и пщ1ант1эмк1и щхьэгъубжэ хэлъхэщ. Пэшхэр нэхущ ик1и хуитщ. Пщэф1ап1эм псыр бжьамийк1э къыщ1охьэ. Унэ гупэм удз дахэ щыдогъэк1. Гъэмахуэ жэщхэм щхьэгъубжэхэр 1ухауэ щытщ. Апхуэдэу ужеину узыншагъэщ.

Лъагъунлъагъу. Дзадзу и шыпхъур Тинэщ. Тинэ Москва щолажьэ. Дзадзурэ и анэмрэ абы лъагъунлъагъу хуэк1уащ. Ахэр зэрык1уар кхъухьлъатэщ. Дзадзу кхъухьлъатэм ит1ысхьэн ф1эф1т. Езыр т1эк1уи шынэрт. Ауэ щ1эшынэн щымы1эу къыщ1эк1ащ. Ахэр тыншу нэсащ. Тини ягъэгуф1ащ.

Щ1ы1эм хузэф1эк1хэр. Псыр, абджым хуэдэу, зэщ1эщтхьащ. Жыг къудамэхэр 1умылым къиухуащ. Чыцэхэр сытхъум щ1игъэнащ. Къэзык1ухьхэм я лъакъуэм гъуэгур къыдопсалъэ. Щхьэгъубжэ абджым тхыпхъэ къык1эрищ1ахэщ. Ц1ык1ухэм я нэк1ухэр жьэражьэу плъыжьщ. Гъущ1ым 1эгур щ1еч.

Кхъуафэжьейхэр. Уэшх хуабэр т1эк1урэ къешхащ. Ит1анэ дыгъэр къыщ1эк1ыжащ. Хуабэщ. Псы-хьэлыгъуэ мажэ. Щ1алэ ц1ык1ухэр лъап-ц1эу зэрызохьэ. Абыхэм псыхьэлыгъуэм кхъуафэжьей траут1ыпщхьэ. Т1алэрэ Мы-шэрэ зэпоуэ. Хэт и кхъуафэжьейр нэ-хъыф1ми ягъэунэху. Кхъуафэжьейхэр тхы-лъымп1эм къыхащ1ык1ащ.

placeholder

placeholder

placeholder

0a14 0007ab33 54690c45

01db 0006436a ad3d011a

a loader

Номер материала: ДБ-004340

Не нашли то что искали?

Вам будут интересны эти курсы:

Оставьте свой комментарий

Подарочные сертификаты

Ответственность за разрешение любых спорных моментов, касающихся самих материалов и их содержания, берут на себя пользователи, разместившие материал на сайте. Однако администрация сайта готова оказать всяческую поддержку в решении любых вопросов, связанных с работой и содержанием сайта. Если Вы заметили, что на данном сайте незаконно используются материалы, сообщите об этом администрации сайта через форму обратной связи.

Все материалы, размещенные на сайте, созданы авторами сайта либо размещены пользователями сайта и представлены на сайте исключительно для ознакомления. Авторские права на материалы принадлежат их законным авторам. Частичное или полное копирование материалов сайта без письменного разрешения администрации сайта запрещено! Мнение администрации может не совпадать с точкой зрения авторов.

Источник

Рассказ на кабардинском языке

МУНИЦИПАЛЬНОЕ КАЗЕННОЕ ОБРАЗОВАТЕЛЬНОЕ УЧРЕЖДЕНИЕ

«СРЕДНЯЯ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛЬНАЯ ШКОЛА №5»

С УГЛУБЛЕННЫМ ИЗУЧЕНИЕМ ОТДЕЛЬНЫХ ПРЕДМЕТОВ им.А.С.ПУШКИНА

открытого урока в 3-4 классе по кабардинскому чтению

в рамках предметной декады

« Дэбагъуэ Мухьэмэд и рассказ

кабардинского языка и литературы

Хутова Ф.А.

Урокым и ек1уэк1ык1энур.

1.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.

Мэзыхьэ Борис и рассказ «Уэт л1ы!» жыхуи1эм къегъэджэн,упщ1эхэмк1э зэпкърегъэхын.

1.Л1ы хуэдэу еджащ,лэжьащ. Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэхэр?

2.Зариф сыт хуэдэ щ1эщхъу къыщыщ1ауэ къыщы1уэта рассказым? Сыт ар къызыхэк1ауэ ялъытэр?

3.Щ1алэм и ныбжьыр къыбжезы1э псалъэхэм хэт къеджэн?

4.Щ1алэм сыт хуэдэ 1уэхухэм зрипщыта?

5.Зариф и анэм темыпы1эу сыту п1эрэ щ1ыпэплъэр?

6.Рассказым хэт къэк1ыгъэц1эхэр къэгъуэтын,къегъэджэн.

7. Сыт хуэдэ псалъэжьхэр фигу къигъэк1ыжа мы тхыгъэм?

Удын зыхимыщ1эу и къалэн зыхимыщ1э.

Абы къы1эщ1ыхьэр пхъэм къыхетхъыр пыхьэу.

Дзэ уз зымыщ1э,дзэ уз зы1ут.

Гъэми,щ1ыми пы1э хужь,ди къуршыжьхэм я нэхъыжь.

Ц1ык1ухэ.дэ нобэ деджэнущ «Пхъащ1э ц1ык1у» усэм.

Ар зытхар Дэбагъуэ Мухьэмэдщ. Мис абы и сурэтыр. Дэбагъуэ Мухьэмэд ди усак1уэ нэхъыф1 дыдэхэм ящыщ зыщ. Жьакуэ къуажэм къыщалъхуащ. Мухьэмэд усэ куэд итхащ. Абы и усэхэр гъащ1эм и лъэныкъуэ куэдым теухуащ.

Ахэр хуэгъэзащ адыгагъэм,ц1ыхугъэм. Псом хуэмыдэу Мухьэмэд и усэхэр ятеухуащ сабийхэм. Усак1уэм щ1эблэм ф1ылъэгъуныгъэу хуи1эр и усэхэм къыщыгъэлъэгъуащ.

Нобэ дэ дызэджэну усэр теухуащ 1эщ1агъэм. Дэбагъуэ Мухьэмэд усак1уэт, тхак1уэт, драматургт, ик1и журналист

лъэпкъым хуэлэжьащ. Дэбагъуэ Мухьэмэд ц1ыхугъэшхуэ

зыхэлът,лэжьак1уэф1ым и щапхъэт.

Усэм къахуеджэн, псалъэ гугъухэр къагурыгъэ1уэн.

Уе1э уекъуу иыбохьэк1

Еджак1уэхэр усэм къегъэджэн. Тегъэпсэльыхьыжын.

Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын.

1.Щ1алэ ц1ык1ум сыт хуэдэ хьэл-щэн хэлъыр?

2,Адэмей дадэ сыт худэу къыхэщрэ мы усэм?

3.Фэ сыт хуэдэ 1эщ1агъэхэр фигу ирихьрэ? Хэт схутепсэлъыхьын? А 1эщ1агъэ къыхэфхым фыщ1ыдихьэхыр хэт жи1эн?

Адэмей дадэ зэрыгумызагъэр сытым къыбжи1эрэ?

Ц1ык1ухэм псалъэжь ящ1эхэр мы усэм хэт дадэ Адэмейрэ щ1алэ ц1ык1у Хъызыррэ теухуауэ жегъэ1эн.

Нап 92-94 еджэн,упщ1эхэм жэуап етын.1эпщ1элъапщ1эу зыгуэр фц1ыхумэ мисс апхуэдэ ц1ыхум тепсэлъыхьын.

placeholder

placeholder

placeholder

0a14 0007ab33 54690c45

01db 0006436a ad3d011a

a loader

Номер материала: ДБ-1212532

Не нашли то что искали?

Вам будут интересны эти курсы:

Оставьте свой комментарий

Подарочные сертификаты

Ответственность за разрешение любых спорных моментов, касающихся самих материалов и их содержания, берут на себя пользователи, разместившие материал на сайте. Однако администрация сайта готова оказать всяческую поддержку в решении любых вопросов, связанных с работой и содержанием сайта. Если Вы заметили, что на данном сайте незаконно используются материалы, сообщите об этом администрации сайта через форму обратной связи.

Все материалы, размещенные на сайте, созданы авторами сайта либо размещены пользователями сайта и представлены на сайте исключительно для ознакомления. Авторские права на материалы принадлежат их законным авторам. Частичное или полное копирование материалов сайта без письменного разрешения администрации сайта запрещено! Мнение администрации может не совпадать с точкой зрения авторов.

Источник

Ди цlыхухэм Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лlыгъэр Кlыщокъуэ Алим и тхыгъэхэм къызэрыхэщыр.

Къалэмым l эщэр къыдэщтэн хуей щыхъум

«Нал къутар» зытеухуар 115-нэ шууей дивизэм зауэм щызэрихьа л I ыгъэмрэ абы ехьэл I ауэ щы I а щыуагъэхэмрэ я закъуэкъым. Уеблэмэ романым и лъабжьэ нэхъыщхьэу къэлъытапхъэр нэмыцэ фашистхэр зэхэкъутэным теухуауэ ц I ыхубэм игъэ I уэк I а бэнэныгъэр арагъэнущ. А бэнэныгъэм пыщ I эжащ романым къыщыхъу псори. К I ыщокъуэм I эзэу, гукъинэжу, пэжыр и лъабжьэу къигъэлъэгъуэфащ зауэм I утхэр зэуэн, зыхуей-зыхуэф I хэмк I э къызэрагъэпэщын папщ I э фронтым ямыгъэк I уахэм зэрахьа л I ыгъэм и инагъыр. Народым и образыр тхак I уэм I эк I уэлъак I уэу ди пащхьэ кърелъхьэ къуажэдэс къызэрыгуэк I хэу Бекъан, Хьэбибэ, Чока, Аслъэныкъуэ, К I урацэ сымэ хуэдэхэм я образхэм пкърилъхьа щытык I эхэмрэ гупсысэхэмк I э. К I ыщокъуэм бгъэдэлъ тхак I уэ I эзагъэ иным нэмыщ I к I и мы тхыгъэр абы апхуэдэу гунэсу къыщ I ехъул I а щхьэусыгъуэхэм ящыщщ романым къыщыхъу псори езы тхак I уэм гурэ псэк1э зэригъэвар. Алим и гукъэк I ыжхэм къызэрыхэщыжщи, усак I уэм мурад ищ I ауэ щытащ псэууэ къанэмэ, шууей дивизэм и щхьэ кърик I уар зэгуэр тхылъу итхыжыну. Ар абы ф I ы дыдэу къызэрехъул I ам романыр къызэрыдэк I рэ блэк I а зэманри щыхьэт техъуэжащ.

Нал къутам» хуэдэу, «Кхъужьыфэ» роанми щ I ып I эшхуэ щеубыд зауэи I умыт ц I ыху къызэрыгуэк I хэм я I уэхущ I афэхэр, къуажэ гъащ I эр, ц I ыхухэм я гупсысэк I эм игъуэт зэхъуэк I ыныгъэхэр къэгъэлъэгъуэным. Абы тэмэму гу лъитащ Москва щыщ критик ц I эры I уэ Огнев Владимир: «Нал къута» романым хэта л I ыхъужьхэм ящыщ зыбжанэм, псалъэм папщ I э, колхозым и председатель Апчарэ, абы и анэ Хьэбибэ, Къуэшрокъуэм, зи унагъуэр полицайхэм ягъэса Наршу зеиншэм, чырбыш заводым и директор К I урацэ, нэгъуэщ I хэми «Кхъужьыфэм» увып I э нэхъыщхьэхэр щаубыдамэ, адрейхэр – Локотош, партым и обкомым и секретарь Къулыр, НКВД-м и унафэщ I Бахъуэр, республикэм и нарком Сосмакъым – нэхъ лъэныкъуэк I э тегъэк I уэта хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэр къыщысам абы щы I а щытык I эм тхак I уэр зыубгъуауэ зэреплъу щытам зихъуэжащ, иджы ар лъэпкъ щхьэхуэ къэск I э я л I ык I уэхэм пыухык I ауэ я гъащ I эр къызэрек I уэк I ам нэхъ хуэнабдзэгубдзаплъэщ. Ахэращ зауае илъэсхэм я гугъуехь псори зи фэм дэк I ар.

Къуэщрокъуэм е Апчарэ я гукъэк I ыжхэм я гугъу умыщ I мэ, «Кхъужьыфэм» теплъэгъуэ зыубгъуахэр хэткъым. Тхак I уэм и гулъытэ псори зыхуиунэт I ыр къуажэдэсхэм я псэук I эрщ, республикэ зэхэкъутар зэф I эгъэувэжыным ахэр зэрыхэлэжьыхьырщ.

Романым и зэхэлъык I эм и джэлэсыр Къуэшрокъуэ Дотищ. Ар гукъэк I ыф псоми я узэщ I ак I уэщ, ц I ыхубэм насып къахуэзылъыхъуэну хуейхэм я щапхъэщ. Малъхъэдисым хуэдэу абы зыщ I ещэ нэхъугъэр, л I ыхъужьыгъэр. Къуэшрокъуэр къызыхэк I а лэпкъым и къуэ пэжщ, ц I ыхубэ жыгым и къудамэ быдэщ».

I эджэ щ I ащ а усэр Алим и къалэмыпэмкъызэрыщ I эк I рэ – зауэ гуащ I эм щыхэта махуэ хьэлъэрщ щитхар. А усэ телъыджэм къи I уэтар Алим хэлъ л I ыгъэмрэ ц I ыхугъэмрэ я закъуэкъым – ар усак I уэм и творчествэ псом щапхъэ хуэхъуащ.

Зауэ гуащ I эхэм я курык I упсэм хэтащ Алим, абы и маф I э лыгъейр къыжьэхэлыдэурэ, сэлэт хуахуэм и гъуэгуанэр иук I ащ, и усэри езыри а зауэ гуащ I эм и маф I эм ипсыхащ. Абы къыщыщ I идзэри, Алим хъуащ къэрал псом къыщац I ыху, зи ц I эр жыжьэ щы I уа усак I уэшхуэ. Ц I ыхугъэр, напэр, л I ыгъэр, захуагъэр, щыпкъагъэр гъуазэ хуэхъуауэ, шу хахуэм и гъуэгур гъащ I эми литературэми щызэпичащ.

Л I ыгъэмрэ ц I ыхугъэмрэ и гъуазэмэ, усак Iy эм и гъуэгум к I уагъуаф I экъым. Ар зауэм щыгъуи, иужьк I и Алим езым и щхьэк I э игъэунэхуащ, ауэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми къызэф I эщ I ауэ, шум и гъуэгум тек I уэтауэ ар зыми илъэгъуакъым, и псалъэм щытумыгъуэтыж, ныбжьэгъур щимыгъэпэжа, абы и гукъеуэмрэ и гузэвэгъуэмрэ къэхъуакъым. Ищхьэк I э зи гугъу сщ I а усэ телъыджэр зи гущ I эм къи I ук I ынк I э хъунур апхуэдэ ц I ыхущ.

Къэзылъхуа лъэпкъращ усак I уэр зыхуэлажьэр – абы нэгъуэщ I плъап I э и I энк I э хъунукъым. Алим апхуэдэ усак I уэщ – абы и гъащ I эри и гуащ I эри зы быдзышэ ефа лъэпкъым и щхьэузыхьщ.

Тхак I уэм и пщ I эр щалъытэк I э, псом япэ зэплъыр абы и лъэпкъым и литературэмрэ и щэнхабзэхэмрэ хилъхьа гуащ I эрщ. Аращ зэлъытар абы лъэпкъ тхыдэм къыщылъэс увып I эр. Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм пщ I эшхуэ зи I э увып I э къыщылъос Алим, ар абы езым и гуащ I эдэк I к I э къылэжьа пщ I эщ».

Зауэм щы I ута лъэхъэнэм, зэрыгуры I уэгъуэщи, К I ыщокъуэм итхар усэхэм я закъуэкъым. Ди зауэл I щхьэмызагъэхэм ди хэкур фашистхэм ирамыгъэубыдын папщ I э абыхэм къагъэлъагъуэ хахуагъэ иным теухуа рассказу, очеркыу, репортажу Алим и къалэмыпэм къыщ I эк I ахэр пщ I ы бжыгъэ I эджэ мэхъу. Ахэр щ I эмычэу къытехуэрт фронтым къыщыдэк I газетхэм, езы К I ыщокъуэр зи редактору щыта «Хэкум папщ I э!» дивизэ газетри абы яхэту. Алим и I эдакъэщ I эк I хэм занщ I эу гу лъыптэрт ахэр зи акъылыр жан, бзэ шэрыуэ зы I урылъ журналистым зэритхамк I э.

Л I ыгъэ зэрыхэлъам и щыхьэту, дамыгъэ лъап I эхэр и бгъэм хэлъу, майору Хэку зауэшхуэм къик I ыжа К I ыщокъуэм и творческэ лэжьыгъэр зеи зэпигъэуакъым. «Шум и гъуэгу» ф I ищу 1946 гъэм абы къыдигъэк I а усэ тхылъым нэхъыбэу итыр зауэмрэ абы тек I уэныгъэ къыщызыхьа ди зауэл I хэмрэ ятеухуа усэхэрт. Ц I ыхухэм занщ I эу япхъуатэри ц I эры I уэ хъуат «Тек I уэныгъэ», «Сэлэт сэлам», «Сэлэт шырыкъу», «Си фочым I эпл I э есшэк I ауэ», «Зэныбжьэгъуит I », «Жыр пы I э», «Сэ сщ I эркъым зауэм ник I ыжу…», «Фэеплъ бэлътоку» усэ телъыджэхэр. Ахэри, зауэм, л I ыгъэм, ц I ыхугъэм теухуауэ нэхъ иужьы I уэк I э К I ыщокъуэм итха нэгъуэщ I усэ куэди ноби адыгэ тхылъеджэхэм я I урылъщ, ц I ыхугъэм хэлъын хуей лъап I эныгъэхэр я I эту. К I ыщокъуэм быдэу и ф I эщ хъурт, сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэ хуэмызами, и ц I ыхугъэр ф I эмык I уэду ц I ыхур абы къызэрик I ыфынур, гъащ I эр къэзыгъэувыфын къару зэрыщымы Ia р ик I и зэрыщымы I энур. А гупсысэр I упщ I у къыхощ «Жыр пы I э» усэ ц I эры I уэм:

Биишэ бзаджэр техуати,

Теплъакъым хьэдэм нэгъуэщ I .

Хъуащ гъатхэм губгъуэр щхъуэнт I агъэ,

Мес улъияуэ жыр пы I эм

Источник

Презентация по кабардинской литературе на тему:»Щ1ымахуэ».

presentation bg

Описание презентации по отдельным слайдам:

Махуэр уейщи жьы зэпихум

ЩIымахуэ. 1) ЩIымахуэ мазэхэр фигу къэвгъэкIыж. ЩIымахуэр мазищ мэхъу: декабрь, январь, февраль. 2) Щ1ымахуэм теухуа псалъэмакъ. ЩIымахуэм дунейр щIыIэщ, уэс куу къос, ихъуреягъыр уэсым щIигъэнащ…. Къуажэхьхэр къафщIэ: Уеплъым гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл). Ди пщIантIэм пIэтепхъуэ хужь тепхъуащ (уэс). Ди бжэгъу щхьэкIэм джэдыкIэ хужь цIыкIу пылъщ (уэс). Iэди уади зезымыхьэу псым лъэмыж тезылъхьэ (щIыIэ, мыл). ЩабэрыкIуэ мэз кIуэрей (Iэжьэ). ЩIымахуэм теухуа псалъэжьхэр зэвгъащIэ. Гъэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэм къыумылэжьар щIымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэм умыгъэтIылъа щIымахуэм къэпщтэжыркъым.

1)Щ1ымахуэр къихьащ. 2)Уэсым ихъуреягък1э псори ихуэпащ. 3)Бзухэр –щ1ымахуэм. 4)Унэ-псэущхьэхэр щ1ымахуэм. Къуалэбзухэр-щ1ымахуэм.

placeholder

placeholder

placeholder

0a14 0007ab33 54690c45

01db 0006436a ad3d011a

a loader

Номер материала: ДБ-1217383

Не нашли то что искали?

Вам будут интересны эти курсы:

Оставьте свой комментарий

Подарочные сертификаты

Ответственность за разрешение любых спорных моментов, касающихся самих материалов и их содержания, берут на себя пользователи, разместившие материал на сайте. Однако администрация сайта готова оказать всяческую поддержку в решении любых вопросов, связанных с работой и содержанием сайта. Если Вы заметили, что на данном сайте незаконно используются материалы, сообщите об этом администрации сайта через форму обратной связи.

Все материалы, размещенные на сайте, созданы авторами сайта либо размещены пользователями сайта и представлены на сайте исключительно для ознакомления. Авторские права на материалы принадлежат их законным авторам. Частичное или полное копирование материалов сайта без письменного разрешения администрации сайта запрещено! Мнение администрации может не совпадать с точкой зрения авторов.

Источник

«Дэ доджэгу нарт л1ыхъужьхэу»
(классщ1ыб лэжьыгъэ 1­4 кл.)
Гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и мурад нэхъыщхьэхэр:
1.   Ц1ык1ухэр   щыгъуазэ   щ1ын   нарт   хъыбархэм,   абыхэм   къыхэщ   л1ыхъужь   нэхъ
пажэхэм.
2. Пэщ1эдзэ классхэм щ1эс сабийхэм къегъэщ1эн нархэм яхэлъа хьэл­щэн дахэхэр, я
дуней   тетык1ар,   зыщ1эхъуэпсар,   я   гурыщ1эр,   я   л1ыгъэр,   я   хабзэ­нэмысыр;   нарт
л1ыхъужьхэм   сыт   хуэдэ   щытык1э   гугъухэми   къызэрик1ын   1эмалхэр   къагъуэтыфу
зэрыщытар.
3. Сабий ц1ык1ухэм зыхегъэлъхьэн нарт л1ыхъужьхэм яхэлъа хьэл­щэн дахэхэр; ахэр
къэгъэтэджын   зылъэмык1хэм   ядэ1эпыкъуфу,   лей   зы­   лъысхэм   къащхьэщыжыфу,   мурад
ящ1ахэм я 1эр  лъагъэ1эсыфу, я Хэку яхъумэжыфу.
4.   Ц1ык1ухэр   гъэсэн,   къэгъэтэджын   дуней   псом   щыц1эры1уэ   нарт   хъыбар
хьэлэмэтыщэхэр зыхэзылъхьа и адыгэ лъэпкъым иригушхуэу ик1и ирипагэу.
( Нарт къафэ къеуэу залым дыщ1охьэ.)
Егъэджак1уэ:   Фи   махуэ   ф1ыуэ,   ди   махуэшхуэм   кърихьэл1а   псоми!   Адыгэ
1уэры1уатэм   и   нэхъ   ехъул1эныгъэ   ин   дыдэхэм   щыщщ   нарт   хъыбархэр.   Абыхэм
щызэхуэхьэса хъуащ адыгэхэм я зэф1эк1 псори: я л1ыгъэр, я лэжьыгъэр, я хабзэ ­ нэмысыр,
лъэпкъым и тхыдэр. Нартхэм псалъэжьу я1эщ: «Л1ыгъэншэу л1эщ1ыгъуищэ къэбгъащ1эрэ
лъэужьыншэу ук1уэдыж нэхърэ, мащ1э дыдэ къэбгъащ1эрэ л1эщ1ыгъуищэк1э уи лъэужьыр
мык1уэдыжым   нэхъыф1щ!».   Мис   мы   псалъэжьым   тэмэму   къе1уатэ   нартхэм   я   дуней
тетык1ар, зыщ1эхъуэпсар, я гурыщ1эр.
Адыгэхэм л1эщ1ыгъуэ куэдк1э яхъумэфа нарт эпосым л1ыхъужь хьэлэмэтхэр къыхощ.
Абыхэм я хэкур ф1ыуэ ялъагъу, ц1ыхугъэшхуэ яб­гъэдэлъщ. Нартхэр лъэщщ, къаруушхуэ
зыхэлъщ,   щэныф1эхэщ,   хьэлэлхэщ.   Ахэр   зылъэмык1ым   до1эпыкъу,   лей   зылъысам
къащхьэщож,   тхьэусыхэрейкъым,   бэшэчщ.   Нарт   шу   гъуэгу   техьамэ,   здежьам   нэмысу
къигъэзэжыркъым.
Иджыпсту дэ ди къалэн нэхъыщхьэу щытщ мы ищхьэк1э къыжыс1а хьэл­щэн дахэхэр
ди гъэсэн, еджак1уэ ц1ык1ухэм яхэтлъхьэныр.
Ди гуф1эгъуэ махуэри зытедухуар аращ. Абы ф1этщащ ц1эуэ «Дэдоджэгу нарт 
л1ыхъужьхэу».
(Сабий къек1уэл1ахэм захузогъазэ.)
Егъэджак1уэ:   Ц1ык1ухэ, дэ нобэ ди махуэ лъап1эщ. Нарт щ1ыналъэм и санэхуафэщ.
Ди деж къеблъэгъэнущ нарт л1ыхъужьхэр. Фэ нарт л1ыхъужьхэм щыщу хэт сымэ фц1ыхурэ?
(Сосрыкъуэ,   Бэдынокъуэ,   Сэтэней,   Щауей,   Бэтэрэз,   Лъэпщ,   Мэлэчыпхъу,   Ашэмэз,
Дахэнагъуэ, Уэрсэрыжь, Япэнэс). Хьэлэмэтщ мы л1ыхъужьхэм ящыщу Сосрыкъуэ и къэ­
хъук1ар.   Девгъэда1уэт   абы.  (Сосрыкъуэ   и   къэхъук1ам   топсэлъыхь).  Ди   хьэщ1эхэр
къэсыхук1э дедэ1уэнщ усэ, нарт л1ыхъужьхэм я псэук1ам теухуауэ: 
Сабий:  Ди лъэпкъ я псалъэ епц1ыжакъым,
Жьэгупащхьэ фочми емыса.
Я къамэ пц1анэр кърахамэ,
Къыщ1рахари гузэсащ.
Гупсыси псалъэ,  упсэлъэнум.
Зумыплъыхьауи умыт1ыс.
Щ1ап1ык1т, а хабзэм бын къащ1эхъуэр,
Щ1ыхь ар зымыдэм къалъымыст.
(Сосрыкъуэ къохьэ). Егъэджак1уэ:   Къеблагъэ,   Сосрыкъуэ.   Ди   гуапэ   хъуащ   ди   санэхуафэр   уэ
къызэрызэ1упхыр. 
Сосрыкъуэ: Сэ нобэ фи деж сыкъэк1уащ, вдэс1ыгъыну фи махуэ лъап1эр. 
Егъэджак1уэ: Къак1уэ, Сосрыкъуэ, къыдыхьи т1ыс.
Сосрыкъуэ гъащ1эр, ц1ыхухэр ф1ыуэ елъагъу, л1ыгъэшхуэ хэлъщ. Абы сыт щыгъуи
гугъу   зыщ1ригъэхьыр   нартхэм   ­   ц1ыхухэм   къазэрыщхьэпэжын   лэжьыгъэщ.   Дигу
къэдгъэк1ыжынщ, Сосрыкъуэ нартхэм маф1э къазэрыхуихьыжар. 
 
 
Сабий:  Нарт шу гуп мэшэсри
Иныжьыдзэм езэуэну, 
Сосрыкъуэ къагъанэри
Нартыжьхэр гъуэгу тохьэ.
Нартыжьхэр гъуэгу тету, 
Уае бзаджэр къатохъуэ: 
Адк1и мыдк1и мык1уэфу
Нартхэр щ1ы1эм зэщ1ещтэ 
Зэф1энауэ нартыжьхэр 
Къумыжь нэщ1ым щопсалъэ:
­Уий, Имыс, маф1э уи1э?
­Си тхьэры1уэщ, симы1э.
­Уий, Сосым, маф1э уи1э?
­Си Мэзытхьэ, симы1э.
­Ашэм и къуэ Ашэмэз,
Маф1э уи1эу п1эрэ уэ?
­Псатхьэ, со1уэ, симы1э.
­Хъымыщ и къуэ Бэтэрэз,
Маф1э уи1эу п1эрэ уэ?
­Щыблэ, со1уэ, симы1э.
Ди къежьэгъуэр нартыжьхэм,
Л1эужь л1эгъуэ тхуэхъуати,
Дэ дымыделатэмэ,
Уей, ди Сосрыкъуапц1э,
Димыгъусэу, нартыжьхэр,
Дыкъежьэни хуеякъым.
(Сосрыкъуэ нартхэм япожьэ.)
­Армэ, Сосрыкъуэу л1ыхъужь,
Армэ, ди л1эужь дыщэ,
Армэ, ди л1эужьыф1,
Маф1э  уи1эм тхущ1эгъанэ! 
Сосрыкъуэ: Уий, нарт шухэ, маф1эншэу 
Гъуэгу теувэу хэт щы1э? 
Уий, нартхэ, фымыгухэ, 
Фэ маф1э фимы1эмэ,
Сэ къыфхуэзгъуэтынкъэ!
(Сосрыкъуэ маф1э къихьыну мак1уэ. «Сосрыкъуэ» уэрэдым дода1уэ).
(Сосрыкъуэ маф1э и1ыгъыу къегъэзэж).
Сосрыкъуэ,   упсэу.   Дэ   уэ   къытхуэпщ1ар   зэи   тщыгъупщэнкъым.   Удимыгъусэуи   зэи
гъуэгу дытеувэнкъым.
(Сосрыкъуэ фалъэ ират, мэхъуахъуэ). 
Сосрыкъуэ: Ди маф1ащхьэр мыужьыхыжу, Ди жьэгу пащхьэр мыпсэхыжу, 
Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщ1эу,
Ди жьэгур нэхурэ хуабэу, 
Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу.
 (Сэтэней къохьэ.) 
Егъэджак1уэ:
  Ди   гуапэ   хъуащ   ди   махуэшхуэм
укъызэрырихьэл1ар. Сэтэней нарт псоми я анэщ. Сосрыкъуи, Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Щауеи
зып1ар Сэтэнейщ. Сэтэней губзыгъэщ.
  Къеблагъэ,
  Сэтэней.
Нарт л1ыхъужьхэм къагурымы1уэ 1уэхугъуэхэр яхузэпкъырызыхыр Сэтэнейщ. Лъэпщ
1эдэуадэм и щ1ык1эр къыхуэзыгъуэтри аращ.
(Лъэпщ 1эдэ, уадэ ищ1ынымк1э Сэтэней зэрыдэ1эпыкъуам топсэ­лъыхь).
  Егъэджак1уэ: Сэтэней и 1ущагъыр, и губзыгъагъыр, псоми ущияк1уэу, гъэсак1уэу
зэра1ар къыхощ къывжи1эну усэм: 
Сэтэней: 
Уи жьэр гъэкъабзэ,
Уи бзэр гъэ1эсэ,
Зэик1 пц1ы умыупс,
Псэжь удэмылажьэ,
Жьыгъэр зытумыгъак1уэ,
Емык1у ухэмыхьэ.
Хьэми уемыхьэкъу.
Уи къуэ уемыубзэ,
Бзаджэ зумыгъэк1уал1э,
Л1ыф1 умыгъэбий.
Уи бий л1ак1э умыпсэху.
Уи щэныр дахэу,
Уи напэр хужьу,
Ц1ыхум яхэт. 
(Лъэпщ къохьэ). 
Лъэпщ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ си ц1эр Лъэпщщ, нартхэм срагъук1эщ. 
Егъэджак1уэ:   Къеблагъэ,   Лъэпщ,   къыщ1ыхьэ.   Ц1ык1ухэ,   Лъэпщ   нартхэр   зэреджэу
щытар «гъущ1ым и тхьэщ». Абы нартхэм яхуещ1 джатэ, шабзэ, зэрылажьэ 1эмэпсымэхэр.
Иджыпсту дигу къэдгъэк1ыжынщ Лъэпщ гъубжэ зэрищ1а щ1ык1эр.
(Нартхэр зэхэсщ.) 
Нартхэ я мэшыр мэбагъуэ,
 Нартхэ гъубжэншэу зэхэсщ, 
Мэш зэрахынум и теплъэр
Сыт ямыщ1эми къахуэщ1эркъым.
Сыт тщ1энур? 
Ди мэш бэгъуар губгъуэм йок1уадэ, къызэритхынур дымыщ1э. 
Нартхэ дызэчэнджэщу ди1эр Сэтэней гуащэщи, 1уэхур зы1утыр жедывгъэ1э.
Сэтэней гуащэ, чэнджэщ къыдэт. Ди мэш бэгъуар губгъуэм йо­к1уадэ, къызэрытхынур
дымыщ1э.
Сэтэней: Мы къуажэм   псом нэхърэ  нэхъыжьу дэсыр Уэрсэ­           рыжьщи 1уэхур
зы1утыр жеф1э.
Уи махуэ ф1ыуэ, Уэрсэрыжь!
Ди нартхэ я унэ утшэнущ.
Уэрсэрыжь: Сынэк1уэфынукъым!
Сэ жьы сыхъуащ.
Нарт:  Дэ 1эпл1эк1э утхьынущ. Нартхэ я унэм щынэсым Уэрсэрыжь мэджалэ. 
Уэрсэрыжь: Нартхэ фи унэ сыныщ1оджагуэри! 
Нарт: Укъыщ1эджагуэркъым, укъыщ1оджалэ.
(Уэрсэр зигъэгусауэ мэк1уэж.)
Сэтэней:   Ар   щхьэхуэпсалъэщ.   Къыджимы1ари   щык1уэжк1э   и   щхьэм   хужи1эурэ
к1уэжынущ. Фык1элъык1уатэ, фык1элъыда1уэ! 
Уэрсэрыжь: Сл1ожь абы гугъуехьу хэлъыр?
Адакъэк1эу къэбгъэшынщ, 
Къазшырыдзэу дубзык1ынщ, 
Пхъэшыкъу т1эк1у ф1эбук1эжынщи, 
Гъубжэ жыхуа1эр аракъэ! 
Нарт:   Упсэу,   Уэрсэрыжь.   Кхъы1э,   ди   санэхуафэм   тхухэт.   Лъэпщ   гъубжэ   ищ1ыну
к1уащ. Ди мэш бэгъуари 1утхыжынщ.
(Бэдынокъуэ къохьэ.) 
Бэдынокъуэ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ сы ­ Бэдынокъуэщ. Нартхэм сразауэл1щ. 
Егъэджак1уэ:   Бэдынокъуэ   щхьэщытхъукъым,   1эдэбщ,   бийм   пэ­   щ1эувэмэ,
хьэрэмыгъэрэ гъэпц1агъэрэ зэримыхьэу къару къабзэк1э хе­гъащ1э. Бэдынокъуэ и щхьэм
щхьэк1э мыр же1эж: 
Бэдынокъуэ: Сыешхак1уэ ефак1уэкъым,
  Нарт щауэгъу солъыхъуэ,
  Ем срилъыхъуак1уэщ,
  Ф1ым сри1эщак1уэщ. 
Егъэджак1уэ:   Адыгэхэм   я   дежк1э   Бэдынокъуэ   «щапхъэ   зытрах   л1ыуэ»   щытщ.
Нартхэм   къатеуа   чынтыдзэм   зэрезауэр,   абы   л1ыгъэ   зэри­хьар   кьи1уатэу   федгъэдэ1уэнщ
уэрэд.
(«Бэдынокъуэ» уэрэдым дода1уэ). 
Егъэджак1уэ:   Бэдынокъуэ   ц1ыху   хахуэу   зэрыщытам   нэмыщ1к1э,   ц1ыху   1ущу,
жы1эда1уэу щытащ. Абы хузэф1эк1ащ, нартхэ я лъэхъэнэм щы1а хабзэжьыр икъутэныр. 
(«Бэдынокъуэ   нартхэм   къахилъхьа   хабзэф1ыр»   хъыбарым   к1эщ1у
топсэлъыхь). 
Егъэджак1уэ: Къэфц1ыхуауэ къыщ1эк1ынщ къэса ди хьэщ1эр. Мыр Мэлэчыпхъущ. 
Мэлэчыпхъу хъыджэбз 1ущщ, жанщ, гугъуехьым щышы
нэркъым.   Абы   и   щэным,   и   губзыгъагъэм   удехьэх.   Девгъэда1уэт   Мэлэ­     чыпхъу
зэрыпсалъэм: 
Мэлэчыпхъу: Гуо­гуо! Хэт ар?­ Мэлэчыпхъу.
   Дэнэ ущы1а?­ Пщым и унэ.
   Сыт къыщыпшх?­ Адакъэщ1эрэ хущ1э п1астэрэ. 
   Си 1ыхьэр щэ?­ Гуэным илъщ.
   Гуэныр щэ?­ Жыгыу щытщ.
   Жыгыр щэ?­ Уэщыр йоуэ.
   Уэщыр щэ?­ Щхьэлым щ1элъщ. 
   Щхьэлыр щэ?­ Маф1эм ес. 
   Маф1эр щэ?­ Псым ехь.
   Псыр щэ?­ Шым иреф.
   Шыр щэ?­ Мэхь, мэхь!!!
  Егъэджак1уэ: Мэлэчыпхъу и анэм гъунэгъум и деж игъэк1уащ къундэпсэу т1эк1у
щхьэк1э.   Зыдэк1уа   ц1ыхубзыр   зэрыбзаджэр,   псоми   зэрыщысхьыр   ищ1эрти,   мыпхуэдэу
жи1ащ: Мэлэчыпхъу: ­ Нанэ выл,
    Балъыджэ, 
    Кхъуейшыпс, 
    Къундэпсэу т1эк1у
    Щхьэк1э сыкъигъэк1уащ. 
Егъэджак1уэ: А пл1ым языхэзу Мэлэчыпхъу зыхуейр ц1ыхубзым къыгуры1уат, ауэ
къримытын щхьэк1э мыр къыжри1ащ: 
­ Си1эу щытмэ,
Си к1эр дыщэ данэк1э къаудыхь,
«Мэхь» жыс1эмэ, 
Щ1эгъуэнищэр къызэхуэсу,
Сыщыл1ам дежи
Гъуаплъэ бэн схуаущ1ыж.
Егъэджак1уэ:   Ц1ыхубзым   къундэпсэу   т1эк1у   щхьэк1э   къыщигъэщ1эхъум,
Мэлэчыпхъу абы хуэфащэ жэуапи иритыжащ. 
Мэлэчыпхъу: ­ Уи1э пщ1ондэ,
     Уи к1эр хьэцыбанэк1э къаудыхь, 
    «Мыхь» жып1эмэ, 
    Хьэ къарищэ къызэхуэсу, 
    «Псы севгъафэ» жып1эмэ, 
    Хъуразэк1э къыпхуаухь.
    Ущыл1ам дежи
    Псыпц1эжь ят1эм ухаудзэж.
Егъэджак1уэ: Иджы къеблэгъа ди хьэщ1эхэр Дахэнагъуэрэ Япэнэсрэщ.
Дахэнагъуэ пщащэр насып пэлъытэщ. Ар ц1ыхухэм я насыпщ, я гъащ1эщ. Дахэнагъуэ
Нарт   Хэкум   къихьэмэ,   Нарт   Хэкур   умыцыхужын   хуэдизк1э   къэщ1эрэщ1энут,   псоми
ф1ыгъуэр ябэу псэунут. Мэлыхъуэ Япэнэс зэхех Дахэнагъуэ и хъыбарыр. Абы мурад ещ1
Дахэнагъуэ   Нарт  Хэкум  къришэжыну.   Бэлыхь   куэд   ишэча   нэужь,   Япэнэс   хуозэ   Дахэна­
гъуэм.
Япэнэс Дахэнагъуэм жре1эр: 
Япэнэс: Ей, Дахэнагъуэу, нагъуэурэ дахэ!
Сэ си закъуэу сыкъэплъагъуу щытми,
Сэ зэик1 сыц1ыху щхьэзакъуэкъым,
Къэск1уари къыщ1эск1уар си щхьэ 1уэхукъым,
Ц1ыхухэм я ф1ыгъуэр яхуэсхьыжынущ.
Абы я гугъап1эр уэращ, Дахэнагъуэ.
Си л1ыгъэм лъэк1мэ уахуэсхьыжынущ. 
Егъэджак1уэ:   Дахэнагъуэм,   а   псалъэхэр  
  щызэхихк1э,   къощэбэжри   Япэнэсым
къыжре1эр: 
Дахэнагъуэ: Ат1э, гъуэгуанэшхуэр аращ щ1эпк1уфар. Уафэм ущылъэщу, щ1ылъэм
ущыбыдэу, аращ ущ1ыщытыр. Бэм я ф1ыгъуэм щ1экъурщ ф1ыгъуэ зыхуэфащэр. 
Егъэджак1уэ: Дахэнагъуэ Нарт Хэкум къихьэжащ.
Зэрыжа1эжымк1э,   Нарт   Хэкум   Дахэнагъуэ   къызэрихьэжу,   ф1ы­  
  гъуэр   нарт
щ1ыналъэм зэик1 щхьэщык1ыжакъым.
Егъэджак1уэ: Нартхэм хуабжьу ф1ыуэ ялагъу хьэрхуэрыгъэр. Санэхуафэ ща1эм и
деж   ахэр   зэпеуэу   щытащ   губзыгъагъэк1э.   Дэри   иджы­псту   дызэпеуэнщ   псалъэжьхэмк1э,
псынщ1эрыпсалъэхэмк1э, къуажэхьхэмк1э. Усэ, уэрэд зэдгъэщ1ахэми федгъэдэ1уэнщ, ди
къафэк1эми федгъэп­лъынщ.
1. Псынщ1эрыпсалъэхэр: а) Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.
б) Пхъэр сошэр ­ пхъыр сошхыр.
в) Лэныстэ­мастэ­къэбыстэ п1астэ.
г) Бадэ бадзэ къеубыд, 
Бадэ бадзэм иреуд.
д) Хъурмэ мыхъури, хъурмэ хъуари хъумак1уэм ехъумэ.
е) Фи бори яй, ди бори яй. Ди бори яй, фи бори яй.
ж) Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр тк1уэпс­тк1уэпсурэ къыщ1игъэжащ.
2.   Псалъэжьхэр:   (зы   сабийм   псалъэжьым   и   къегъэжьап1эр   же1э,   адрейм   и
к1эухыр же1э).
а) Узэгугъур (къогугъуж).
б) Джэд пэтрэ (мэулъэпхъащэ).
в) Бзур зы1этыр дамэщ,( ц1ыхур зы1этыр акъылщ).
г) Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уи щхьэр лъап1э хъунущ).
д) Унэм зыщыгъаси, (хасэм яхыхьэ).
е) Хуэмыху и 1уэху (махуитху и п1алъэщ).
ж) Мастэк1э 1эшэщ, (шатэк1э бзаджэщ).
з) Гъатхэм жеяр, (бжьыхьэм магъыж).
и) Гупсыси псалъэ, (зыплъыхьи т1ыс).
к) Пц1ым (лъакъуэ щ1эткъым).
л) Хьэщ1эм (насып къыдок1уэ).
м) Хэти езым и Хэкур (ф1ыуэ елъагъуж).
3. Къуажэхьхэр: (ц1ык1ухэр гупит1у гуэшауэ зэпоуэ).
а) Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ).
б) Жьыми щ1эми яф1э1эф1щ, 
Къыхуагъуэтри нэхъ бзэ 1эф1щ.
Дыщэ к1анэу драдзей, 
Т1эк1у ешамэ ягъэжей. (сабий).
в) Банэ топу зи пэр т1ей. (цыжьбанэ).
г) Зи пкъыр щ1ым щ1элъ, зи щхьэцыр дунейм телъ. (пхъы).
д) Зи губгъуэр хужь, зи жылэр ф1ыц1э. (тхылъ).
е) Уеплъмэ гъуджэ, уеджэм дэгу. (мыл).
ж) Зэшищ зы пы1э ящхьэрыгъщ.(1энэ).
и) Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс. (дыгъэ). 
к) Дунейм тет псор зыгъашхэ. (щ1ы).
4. Джэгук1эхэр:
а) К1апсэк1э зэпегъэкъун.
б) «Пы1э къуэдзэ». (Адыгэ джэгук1э).
5. Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ
«Си Хэку». Аф1эунэ Л.
Уэрэд «Адыгэ Хэку».
6. Къафэ. (сабийхэр къофэ).
Егъэджак1уэ:   Ди   нэтыным   и   к1эухыу   ц1ык1ухэм   зыкъыфхуагъэзэнущ   хъуэхъу
псалъэк1э:
Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм: 
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу, Гухэхъуэр фи куэду,
Фадэбжьэр зефхьэфу,
Пшэрыхьыр вгъэвэфу. 
Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!

  • Сорока белобока сказка текст
  • Соотнесите цитату из сказки в жуковского спящая царевна с героем которому она принадлежит
  • Соорентируй как правильно пишется
  • Сопоставить сказки спящая царевна и спящая красавица
  • Сообщение на тему иллюстраторы пушкинских сказок