Псэм ипэ напэ сочинение

Насыпыншэ факъырэiус къыхихыу зы лiыжь гъуэгу iуфэм iутти, шууэ блэкi щiалэм зыкъригъэзыхри, лiыжьым нэмыплъ къриту, и нэкiур щiопщкiэ къыхурихулэкiащ:

Насыпыншэ
ФакъырэIус къыхихыу зы лIыжь гъуэгу Iуфэм Iутти, шууэ блэкI щIалэм зыкъригъэзыхри, лIыжьым нэмыплъ къриту, и нэкIур щIопщкIэ къыхурихулэкIащ:
— НасыпыфIэ ухъу! — жиIащ лIыжьым, шууейм кIэлъы­п­лъурэ.
А псори зылъэгъуа нэгъуэщI щIалэм зэхихар зэри­гъэщIэгъуэнур имыщIэу: «Къуршыр уи тэмакъщ», — жиIащ.
— Хьэуэ, — педзыж абы и псалъэхэм факъырэм, — а шууейр насыпыфIэу щытамэ, апхуэдэ хабзэншагъэ IэщIэ­щIэ­нутэкъым…
ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ…
Махуэ нэщхъей уэлбанэрилэхэм ящыщ зым ПIытIэкIэ зэ­джэ щIалэ цIыкIур уэшхым унэм «щIиубыдати», и щхьэ здихьын имыщIэу и адэм и хъуреягъыр къиуфэрэзыхьырт. ПIэщIэгъуэкIэ тхыгъэшхуэ зытхын хуей адэм, и бын пажэм Iэмал лъэпкъ щыхуимыгъуэтым, куэду зэтелъ тхылъым­пIэхэм дунейпсо картэр зэрыт сурэтыр къахихщ, цIыкIу-цIыкIуу зэфIитхъри, къуэм иритащ, псори зэрыщытауэ зэхигъэувэжыну унафэ хуищIри.
Пэжу, къалэныр тыншхэм ящыщтэкъым, ауэ адэм зэригъэщIэгъуэнур ищIэртэкъым дакъикъипщI нэхъ тримыгъэкIуадэу щIалэ цIыкIум ар щызэхигъэувэжам.
— Ар дауэ? — игъэщIагъуэу щIоупщIэ адэр.
— Зыри гугъу хэлътэкъым, — къикIуэтыркъым щIалэ цIыкIури.
— Уэ къызэпта дунейпсо картэм и щIыбагъымкIэ цIыху сурэт тетти, мис а цIыху сурэтыр зэпкърыслъхьэжу напэ­кIуэцIыр къызэзгъэдзэкIыжа иужь дунейри зэтес хъужащ. Лэжьы­гъэм щыщIэздзэм сегупсысащ, цIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтес зэрыхъунум.
Адэр пыгуфIыкIри, къуэм щабэу Iэ дилъащ.
«ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтесщ», — куэдрэ щыкIэрэхъуащ адэм и щхьэм, аращ и тхыгъэм фIищари.
Ныбжьэгъу пэж
Игъашхэу, илъэс куэдкIэ зыхуей хуэзыгъазэу псэуа лIыр щылIэм, хьэри бгъурыгъуалъхьэри, и псэр хэкIащ.
Аращи, уафэм щызэрихьэлIэжа пситIыр «Жэнэт» зытетха куэбжэшхуэм Iутщ, абы и бгъумкIэ «Хьэ уи гъусэу удэмыхьэ» жиIэу нэхъ иныжу тетхэжащ. Арати, цIыхур псэухукIэ и хъуэпсапIэ жэнэтым мыкIуэу, и бгъумкIэ блэкIри, хьэмрэ езымрэ гъуэгу техьэжащ.
КIуэм-кIуэурэ, нэгъуэщI зы куэбжи IущIащ, мыбы тетхаIакъым, ауэ зы лIыжь дыдэ и бгъумкIэ щысти:
— Ди адэ, къысхуэгъэгъу, мы куэбжэр сыт зейр? — жиIэри еупщIащ.
— Жэнэтым, — и щхьэр Iэтауэ къет жэуап лIыжь цIыкIум.
— Абы хьэ пщIыгъуу удагъэхьэну?
— Ауэ сытми удагъэхьэну!
— ИпщэкIэ щыт куэбжэр сыт-тIэ зищIысыр?
— Жыхьэнмэщ. Зи ныбжьэгъу хыфIэзымыдзэхэрщ жэнэтым дагъэхьэр.
ФIыр зэи кIуэдынукъым
И дерс купщIафIэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа егъэджакIуэр махуэ гуэрым студентхэр зыщIэс пэшым щIыхьэщ, сом щитху иIэтри: «Мы ахъшэм хуей къыфхэтмэ, изот», — щыжиIэм, пэшым цIыхуу щIэсым я Iэр яIэтащ.
— Ар фэстын и пэ къихуэу, — жиIэри егъэджакIуэм ахъшэр зэкIуэцIиушкIумпIащ. — Иджыри мы ахъшэм хуей къыфхэт? — къытрегъэзэж абы и упщIэм. Аргуэру псоми я Iэр яIэтащ.
«Арамэ», — жеIэри, ахъшэр хыфIедзэ, вакъэкIэ и гущIыIум йоувэж. ЕгъэджакIуэм къещтэж ахъшэ фIей ныкъуэчат­хъэр, ушкIумпIар. «Иджыри зэ сынывоупщIыж, мыбы хуей къыфхэт?». ЗэгурыIуа хуэдэ, псоми я Iэр къаIэт.
— Ныбжьэгъу лъапIэхэ, — кърегъажьэ егъэджакIуэм, — фэ иджыпсту гъащIэм и дерс нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зы нэрылъагъу фщыхъуащ. Сыт езмыщIами, мы ахъшэм фэ фщыщ дэтхэнэри хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щыфIеи щыкъабзи, ахъшэм и мыхьэнэм зихъуэжакъым, ар зэрысом щитхуу къэнэжащ. ГъащIэм куэд дыдэрэ къытхуохуэ гублащхьэм дыкъыщехуэх, дыщыхаутэ, дыщыхагъащIэ. Ауэ уи фIыр зэи кIуэ­дынукъым. ФIыуэ укъэзылъагъухэм я дежкIэ уэ улъапIэщ.
Щэху
ЗэгъунэгъуитI псэурти, зым сыт щыгъуи псалъэма­къыр я унэм имыкIрэ зэщхьэгъуситIыр зэгурымыIуэу екIуэкIырт, адрейр зэгурыIуэрэ зэдэIужти, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал зимыIэт.
Гъунэгъум ефыгъуэкIа фызым и щхьэгъусэр къегъэIущ:
— КIуэи къащIэт, сыту пIэрэ абы апхуэдизу зэрахьэр, я унагъуэм зэгурыIуэр щытепщэ зэпыту щытын папщIэ.
Гъунэгъум екIуэкIауэ, лIыр щэхуу якIэлъоплъ. Унэгуащэм унэлъэгур къилъэщIурэ пщэфIапIэмкIэ тригъэувар игу къэкIыжри, абыкIэ епIэщIэкIыу щIыхьащ. Щхьэгъусэр унэм къыщыщIыхьэжым, псы зэрыт пэгуным гу лъимытэу, фIэнэри, ирикIутащ.
Унэгуащэм ар щилъагъум:
— Къысхуэгъэгъу си псэ, сэращ къуаншэр.
— ЖыпIэр сыт, нэ сиIамэ, гу лъыстэнт, сэращ къуаншэр, — жи лIыми и фIэщыпсу.
А псом кIэлъыплъа лIым игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ унэм кIуэжащ. ЗдэкIуэжам фызыр къыщIэнакIэ щIыкIэу щIоупщIэ:
— Сыт, уздэщыIам щыплъэгъуаIа?
— Уей, щыслъэгъуам, — къет жэуап лIым, и щхьэр ирихьэхарэ и пыIэ тIэкIур IэкIэ икъузу.
— Сыт-тIэ, — тепыIэжыххэркъым щхьэгъусэр.
— Псори гурыIуэгъуэщ! Дэ ди унэ псори щызахуэщ, абы я деж псори щыкъуаншэщ.

Синэнэ  1эш1оу  синэнэ  к1асэм
Сэ  къыс1уилъхьагъэр  сиадыгабз.
Сыдэу  тхьар  еуи  зыбзэ  к1осагъэм,
Лъэпкъым  ынапэр  иныдэлъфыбз.
Нэхэе Р.
Сыбзэ –  си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1.
Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм  имэкъамэмэ дунаим хащэ.  Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз.   Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан.  Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр,  ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ  егъэбагъо,  ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ  лъэпкъым  фэ1орыш1э.
Синыдэлъфыбзэу  сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у,    псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы,  жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу.  Сиадыгабзэ  дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр  къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр.
Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу  къырэк1офэ  къинэу  ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ  Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх.  Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан  хьылъэхэм  ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм  ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ.  Сэ насыпыгъэшхоу  сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу  тиадыгэ шъолъыр  дахэ къызэринагъэхэр.  Сафэраз сыфитэу  тыбзэк1э  дунаим  идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ  1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз.
Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм  тыфещэ.  Синыдэлъфыбзэ  лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури  зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ.  Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э  адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал.
Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп.  Емык1ушхуи  умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ,  дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы.  Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о.  Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау  яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо.
Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э  адыгабзэр  къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ.
Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр!  Сэ сыбзэ – сибаиныгъ!

Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны
Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу
Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.
Къанкъул Ф I ыц I э.
Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.
1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур».
Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.
2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.
3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.
Адыгэ литературэ
3 нэ класс
КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ
I920
Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.
I927-I933
БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.
I934-I936
Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу.
I936
Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,
I940
Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ
I94I
I948
Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.
Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».
I95I
Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.
I950
«Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.
I955
«Сэлам» усэ тхылъыр.
I957
«Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.
I958
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.
I966
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.
4. Словарнэ лэжьыгъэ:
Къыр таж – жыр мывэ блын лъагэ
Къунан – илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.
5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !
Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.
Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.
Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.
Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.
Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.
Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.
Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.
Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!
Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.
Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.
Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.
Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.
Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!
Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!
6. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.
Зэгъэпщэныгъэхэр:
« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»
Къэгъэпсэуныгъэхэр:
«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»
Эпитетхэр:
«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».
Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.
Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.
Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.
7. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;
Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын
8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.

Хэт щыIэн уэр  нэхърэ нэхъ гумащIэ, Псэ хьэлэл зыIут, нэхъ гъащIэ мащIэ?..
Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм — анэм — и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс 20-м нэ-сащ. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм икIи илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм догъэлъапIэ. Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жыла- гъуэм и дэтхэнэ цIыхуми я дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ.

Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри анэхэм я пщIэм хэзыгъахъуэщ, анагъэм и лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, абы и къалэнхэр къыщызыгъэпсынщIэщ.
КъыпхуэмыIуэтэным хуэдэу абрагъуэщ «анэ» псалъэм и мыхьэнэмрэ щIэлъ гурыщIэмрэ. Быным я нэху, я гъащIэ гъуазэ а цIыхум и псэр абыхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, быным папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ, и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар быныр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Абы и сабийм хуищI гулъытэм, анэ лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр, нэгъуэщI куэди. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым — апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщI, жьапщэри къопхъэшэкI. Апхуэдизу быныр зи хъуахуэ анэм хуэфэщэн гулъытэ щыхуэдмыщIи къохъу. УсакIуэми гу зэрылъитащи, «жьэгу мафIэм хуэдэ анэ лъагъуныгъэр куэдым къыщалъыхъуэ-жыр щIыIэм щисым дежщ». Дахущывгъэт ди анэхэм гумащIэу, ди псалъэ гуапэрэ дахэрэ хуремыныкъуэ ахэр.
Быным я дунейр яхуэзыгъэнэху, я гъащIэр яхуэзыгъэIэфI анэ псоми дохъуэхъу махуэшхуэмкIэ. ЩIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, абы-хэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, я гулъытэ щымыщIэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. А фIыгъуэр — анэр — зиIэхэми куэдрэ Тхьэм къахуихъумэ.
Къардэн Маритэ.
Щапхъэ
И гум и хуабагъэр  быным дапщэщи ялъоIэс
Ди тхыгъэм фIэщыгъэ хуэтщIа псалъэхэр хуэгъэзащ Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэс Быгуэ (Мэшыкъуэ) Хьэлимэт. Анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым, щхьэгъусэ пэжым, унэгуащэ IэкIуэлъакIуэм гъащIэм щызыхуигъэувыжа къалэнхэм дапщэщи я нэхъыщхьэ дыдэт быным я акъылымрэ гупсысэмрэ убзыхуныр, ахэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ къыщIэгъэтэджэныр, хьэл дахэрэ щэн екIурэ яхэлъхьэныр. Абыхэм Хьэлимэт къызыхуэтыншэу япэлъэщауэ жыпIэ хъунущ.
Хьэлимэт 1941 гъэм Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр мазэ бжыгъэ фIэкIа мыхъуу ар къахуэнащ и адэшхуэ-анэшхуэм икIи ахэращ, зэрыжаIэу, «псым ирамыгъэхьыу, мафIэм ирамыгъэсу» къэзыгъэтэджар. Хэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэри къыхэзылъхьар адэ-анэ папщIэу къыщхьэщыта а нэхъыжьыфIхэращ. Хъыджэбзыр къэхъуащ жыIэщIэу, Iэдэбу, нэмысыфIэу, тхылъ фIыуэ илъагъуу, еджэным щыпэрыту. Курыт школыр фIы дыдэу 1969 гъэм къиуха нэужь, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ Хьэлимэт хущIэкъуащ бгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи хигъэхъуэну икIи КъБКъУ-м и биологие къудамэм щIэтIысхьэну хуеящ. Ар къыщемыхъулIэм адэшхуэ-анэшхуэм я деж игъэзэжащ, и хъуэпсапIэр етIанэгъэ зригъэхъулIэну и мураду.
ГъащIэм езым и хабзэхэр иIэжщ, уэ зэрыжыпIэуи псори хъуркъым. КъыкIэлъыкIуэ гъэмахуэм Хьэлимэт къыпэплъэр нэгъуэщIт: ар унагъуэ ихьащ, Быгуэ Машэ и къуэ Iэбубэчыр щхьэгъусэу игъуэтащ. Адыгэ хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, бзылъхугъэм пщIэ щыхуащIт Быгуэхэ я унагъуэр. Хьэлимэт пхъу пэлъытэ яхуэхъуат и тхьэмадэ Маши и гуащэ Къэралхъани. НысащIэ цIыкIуми ахэр япищIырт псэкIэ нэхъ пэгъунэгъуу иIа и адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ. ПщIэрэ нэмысрэ яхуищIу, я гумрэ я псэмрэ дыхьэу ядэпсэуащ Хьэлимэт гуащэ-тхьэмадэм. Ахэр сымаджэ щыхъум, хулъэкI псори яхуищIащ, и къаруи зэмани емыблэжу.
Къэзылъхуахэм ящхьыу цIыху щыпкъэу, гъэсэныгъэ екIу бгъэдэлъу апхуэдэщ Iэбубэчыри. КъБКъУ-м зоотех-ник IэщIагъэр щызригъэгъуэта нэужь, IэнатIэ хъарзынэхэр иIыгъыу куэдрэ лэжьащ. Ар щытащ Сэрмакъ къуажэм щызэхэт хозяйствэм и зоотехник нэхъыжьу, жылэм и парт зэгухьэныгъэм и пашэу, хозяйствэм и унафэщIым Iэщ гъэхъунымкIэ и къуэдзэу.
Зэщхьэгъусэхэр илъэс 46-рэ хъуауэ зэдопсэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, «зым Iэпыхур адрейм къищтэжу» жыхуаIэм хуэдэу. Быгуэхэ я унагъуэр хъуащ лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIымрэ зэхуэгъэкIуатэмрэ я лъахэ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэхэм пэрыт и щхьэгъусэм Хьэлимэт зэрыхъукIэ щхьэщихащ унагъуэ Iуэхухэри быныр пIыным, гъэсэным, егъэджэным епха къалэнхэм ящыщ куэди. Абыхэм къадэкIуэу ар езыри илъэс 20-м нэскIэ щылэжьащ Налшык дэт дэрбзэр фабрикэм Сэрмакъ щиIа къудамэм, и къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу игъэзащIэу.
Лэжьыгъэми унагъуэ Iуэхухэми ирагъэшми, анэм и хуабагъэ зымылъа- гъуу къэтэджа бзылъхугъэр быным яхуэупсэфащ и псэ къулеягъымкIэ, лъагъуныгъэ инымкIэ, гулъытэмрэ зэхэщIыкIымкIэ. Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ зэдагъуэта я бынитхуми зэхащIыкIащ адэ-анэр, абыхэм къыхуаIа хъуэпсапIэхэр нахуапIэ ящI. Дэтхэнэми курыт школыр фIы дыдэу къиухащ, дыщэ медалхэр зыхуагъэфэщахэри яхэту. Быным я нэхъыжь Ларисэ и IэщIагъэкIэ доху-тыр-эндокринологщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Ар пщIэ хуа- щIу хагъэхьащ Европэм и дохутыр- эндокринологхэм я зэгухьэныгъэм. Абы къыкIэлъыкIуэ Альберти дохутыр IэщIагъэр къыхихащ. Альберт республикэ сымаджэщым и хирург Iэзэщ, и IэзагъымкIэ категорие нэхъыщхьэ иIэщ. Быным я ещанэ Людмилэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ я егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. «Лэгъупыкъу» сабий центрым и унафэщIым и къуэдзэщ щIалэхэм я етIуанэ Анзор. Быным я нэхъыщIэ Алим и IэщIагъэкIэ инженерщ. Ларисэрэ Альбертрэ унагъуэ дахэ яухуащ, я адэ-анэр я щапхъэу.
ЖыпIэнурамэ, зэщхьэгъусэхэм яхузэфIэкIащ я сабиитхум ящыщ дэтхэнэ- ри цIыху нэсу ягъэсэн, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтын. Бын пIыным щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ Быгуэхэ я унагъуэм мызэ-мытIэу хуагъэфэщащ район, щIыпIэ администрацэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Унагъуэм и махуэм ирихьэлIэу абыхэм къахуэупсащ Зэхуэпэжыныгъэм, лъагъуныгъэм и дамыгъэмкIэ. Хьэлимэт къратащ «Анэм и щIыхь» медалым и 2-нэ нагъыщэр. Апхуэдэ нэхъыжьыфIхэр зи щIыбагъ къыдэт бынми я гур хохъуэ. Анэпсэрэ адэпсэу дунейм тет абыхэм я дежкIэ гъунэ зимыIэ фIыгъуэщ анэм и псалъэ IэфIхэр, адэм и ущие Iущхэр, насыпым ухуэзышэ гъуэгу кIыхьщ а нэхъыжьыфIхэм хухаш лъагъуэр.
ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу къызэдекIуэкI унагъуэ лъэщым и хъумакIуэхэм, пщIэшхуэрэ нэмысрэ зяку илъу быныфIи зыгъэса Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ фызэкъуэту, гъащIэм гу щыфхуэрэ абы и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи быным, абыхэм къащIэхъуэ фи щIэблэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм фригушхуэу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу!
Бзылъхугъэ гумащIэ Хьэлимэт хэ-хауэ дохъуэхъу Анэм и махуэ лъапIэмкIэ. «Анэпсэр ар псынэщ», — жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм. ИремыгъущыкI а псынэпс къабзэр — быныпсэм къару яхэзылъхьэр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Дыкъэзылъхуахэм  я хьэкъ
Адэ-анэ хьэкъыр игъэзэщIэжауэ,
Ехыжакъым мы дунейм зы цIыху.
Зэрытпшыныжынур ар тщIэжамэ,
ГъэзэщIэныр зырикIт, ар мыIуэхут.
Балэ Хьэзрэталий
ЩыIэу пIэрэ адэ-анэр фIыуэ зымылъагъу е абыхэм я гум ежэлIэн псалъэ жагъуэ езыпэсыф бын?! Хьэуэ, щыIэн хуейкъым апхуэдэ! Мы дуней псом тету пIэрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэрэ гу хьэлэлрэ зиIэ нэгъуэщI цIыху! ЯлъэкIамэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым абыхэм. ДэкIамэ, къыдэмыхьэжын къафIощI, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнкIэ шынэу мэпсэу.
Анэр уи щIыб къыдэтыху, сыт хуэдэ ныбжьым уитми, усабийщ. Ар ущимыIэж дакъикъэм зеиншафэ къыптоуэри, уи гъащIэри уи дунейри нэгъуэщI мэхъу. Ауэ сэ сыхуейкъым гъащIэм и дахэ, и IэфI псори анэм и закъуэ еспхыу, адэр абы къыкIэрызгъэхуну. «Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжым. Апхуэдэу жаIэ щхьэкIэ, адэ зыщхьэщымытыжу къэтэдж сабиймрэ адэ-анэм я куэщI къитэджыкIа бынымрэ зэи зэщхь хъуркъым.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу зи адэ-анэм, нэхъыжьхэм емыдэIуэжхэр зэрыщыIэри. Ахэр гущIэгъуншэщ, фIыщIэмыщIщ. Дауэ пщыгъупщэн хуей анэм и хьэкъ зэрыптелъыр? Жэщ-махуэ имыIэу узэрихьащ, и зэманри узыншагъэри уэ къыптригъэкIуэдащ. УмэжалIэмэ, ерыскъы къыпхуигъуэтырт. Уэ ущыжейми и нэбдзыпэ къемыхыу къыпщхьэщысащ ар. Зыгуэр къыпщыщIамэ, зи цIэ къипIуэр арат. Адэри псэуащ къыптегужьеикIауэ. Ар къыщIыхьэжамэ, дуней гуфIэгъуэр уиIэт, и нэгур къыпхуигъэзамэ, и куэщIыр тIысыпIэ пщIырт. Апхуэдэурэ гъащIэр екIуэкIырт.
ГъащIэ зиIэм уахътыи иIэщ, жыжьэ дыщыплъэурэ ди псэм и гъунэгъу цIыхухэр тIэщIокI. ДэкIуеигъуэ зиIэм ехыжыгъуи къыпэщылъщ, ауэ дэ абы и чэзум дегупсысы-фыркъым. Мис апхуэдэурэ зи псалъэхэр, зи ущиехэр гъуазэ схуэхъуа си адэ-анэу Къуэныкъуейхэ Сэфарбийрэ Iэминатрэ сIэщIэкIащ. Ахэр сэ зэи си гум ихуркъым, сытым дежи си нэгум щIэтщ, я псалъэ IэфIхэр сщыгъупщэркъым…
НобэкIэ уи адэ-анэр къыпщхьэщытмэ, абыхэм я арэзыныгъэ къэблэжьыну пхузэ- фIэкIынущ. А Iэмалыр зыIэщIумыгъэкI. ГъэзащIэ уи адэ-анэм я хьэкъыр! Арыншамэ, уIэбэ-мэ улъэIэсыжынкъым.
ТЫГЪУЭН Залинэ,
КъБКъУ-м и студенткэ.
Дэ къытхуатх
ЩIэблэм игъэгушхуэ Гындыгъу Жаннэ
ЦIыхур плъыфэбэу къетхэкIа гъащIэм зэрыхэбакъуэу, фIыгъуэ мылъытэу абы гуэгъу хуещI Анэр. Псалъэ дахэрэ гуапэу абы сыт хуэдиз хужамыIами, «анэ» псалъэм псори фагъуэ щIохъукI. Сыт хуэдэ пщалъэкIэ къэппщыфыну анэм и щIэблэм яхуиIэ лъагъуныгъэр?! Уафэгум ит дыгъэр къызэрыдэтэ хуабагъэр цIыхуфэм къехуэбылIэмэ, цIыхугур зыгъэхуэбэфу щыIэр анэгум кърих нурырщ. Мазэм и къару лъэщым ефIэкIыжу анэм и нэгу итлъагъуэ нэхугъэри апхуэдабзэщ. Лъытэгъуейщ дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи лъапIэу къигъэщIа Анэм и зэфIэкIыр, къэпщытэгъуейщ ди гъащIэм абы щиубыд увыпIэм и инагъыр.
Мис апхуэдэ лъэщыгъэ телъыджэ, къару мыкIуэщIыж, зэфIэкI щIэншэ, лъагъуныгъэ мыужьыхыж зи щIэблэм яхузиIэ анэ гумащIэщ Алътуд къуажэ щыпсэу Гындыгъу Жаннэ. Абы «анэ» псалъэр зэрекIупсым къыдэкIуэу, а псалъэм къызэщIиубыдэ мыхьэнэ псори адыгэм «ухуемыплъэкIыж» жыхуиIэм ещхьу егъэзащIэ икIи къохъулIэ. Ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэм тепщIыхьмэ, анэрщ щIэблэ гъэсэным и гъури и цIыни нэхъыбэу къэзыпщытэр, зи пщэ къыдэхуэр. А Iуэхугъуэр Жаннэ къызэрехъулIэм хуэдэу къызэхъулIэ анэ нэхъыбэ диIамэ, нэгъуэщI щыIэт?! ФIым и курыхыр къыхэкъузыкIауэ зи щIэблэм я пащхьэ изылъхьэ анэхэм ящыщщ Жаннэ. Абы и зы щапхъэщ Жаннэ и бынхэм псоми яхуэфIыпсрэ екIупсу яхуригъэд адыгэ фащэр — ди лъэпкъ дамыгъэр.
«Анэр нэм хуэдэщ, адэр дэм хуэдэщ» псалъэжьыр Жаннэ и унагъуэм хуэпхь хъуну къыщIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ бзылъху-гъэм и мурад псори, щапхъэ зытехыпхъэ и щIэблэ гъэсэкIэри абы и закъуэу къемыхъулIэнкIи хъунт и щхьэгъусэ Алим мыхъуа-мэ. ЗэщхьэгъуситIым я зэхуаку дэлъ пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIым, зэгурыIуэм щIапIыкI я щIэблэр нобэрей гъащIэм хэзэгъауэ, зыхэтым фIагъкIэ, щэныфIагъкIэ, IэдэбагъкIэ къахэщу щыплъагъукIэ, уемыхъуэпсэн плъэкIыркъым. Алимрэ Жаннэрэ щIалитIрэ хъыджэбзитхурэ яIэщ. Нэхъыжьищым ехъулIэныгъэкIэ курыт еджапIэри еджапIэ нэхъыщхьэри къаухауэ я лэжьыгъэм иролажьэ. НэхъыщIиплIыр иджыри курыт еджапIэм щIэсщ. Я хъыджэбз нэхъыжьыр унагъуэщ.
Я щIэблэм къарурэ гуащIэу ирахьэлIэр зэрызыхащIыкIыр щалъагъукIэ, абы я лъэр нэхъри егъэжан, дамэ къатрегъакIэ зэщхьэгъусэхэм. ГъащIэр къазэрыхуэупса насып лъа-пIэм гухэхъуэгъуэ мылъытэ къарет зэщхьэгъусэхэм. Алимрэ Жаннэрэ я уна- гъуэ дахэр мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ «Унагъуэм и илъэс», «Унагъуэм и махуэ» зэхыхьэхэм. Апхуэдэ гулъытэ республикэми районми къызыхуагъэфащэ унагъуэр зыщыщ къуажэми, зыхэс лъэпкъми, зыдэс хьэблэми пщIэ лей къыхуащI.
Жаннэ зэрыанэ нэхъуеиншэм къыдэкIуэу, цIыху лъагъугъуафIэщ, унэгуащэ гуащIафIэщ, анэкъилъху щабэщ, анэшхуэ гума-щIэщ, гъунэгъу пэжщ, ныбжьэгъу телъыджэщ — цIыху Iумахуэщ. Анэм и махуэр хуэмахуэну, гъащIэмрэ дунеймрэ дапщэщи хуиIэ щIэщыгъуагъэм щIэ зыщIэмыт насып къыхудэкIуэну, «анэ» псалъэм и IэфIагъ псомкIи зигъэнщIу псэуну сыхуохъуахъуэ!

КХЪУЭIУФЭ Рабия.
Прохладнэ район
Псалъэжьхэр
Уэ пхуэдэ теткъым дунейм
Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ.
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.
Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
АнэIэм къуитыр IэфIщ.
Анэ зимыIэ сабийр, адэ иIэми, ибафэщ.
Анэм быныр и зэхуэдэщ.
Быныр анэм и хъуахуэщ.
 
Усыгъэхэр
ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан
Си анэм
Сыщысабийрэ сэ си гум илъаи,
Гукъеуэ ину ар сиIэу:
КъытеIэбакъым си щхьэфэм
сэ зэи
АдэIэ щабэ жыхуаIэр.
Хьэуэ! Сисакъым си адэм и куэщI,
Гущэ уэрэдхэр схуигъэIуу,
Анэ гумащIэ бзэ IэфIым нэмыщI,
Зым щымыта сигъэудэIуу.
……………………………
Джэдкъурт зи быным
хуэсакъым нэхъей,
Стетт сытым щыгъуи уи нэIэ,
Бадзэ си нэкIу
тетIысхьауэ сыжейм,
Уи гум псэхупIэ имыIэт.
Ауэ гъатхэпэу щыгъагъэм дунейр,
ЗыщумыгъэнщIу гуфIэгъуэм,
Хъуауэ дахагъэр уэ уигу
пыкIыгъуей,
УнкIыфIыпащ уи нэвагъуэр.
Уи пIэкIи гъащIэр сэ фIыуэ
слъагъунщ,
Нэзгъэсыжынщ уи Iуэху Iыхьэр,
«Си псэкIэ» сэ укъызэджэу
щытаи, —
Анэм и быныр арщ и псэр.
 
IУТIЫЖ Борис
Анэпсэ
Гупсысэм гупсысэ кърохъуэ…
Гу узыр бгъэ узым йотIыхь…
Анэпсэр быныпсэм къылъохъуэ…
Быныпсэр анэпсэм йопщIыхь …
Анэпсэр ар псынэщ… Ар псысэщ…
Ар псатхьэщ… Ар тхьэхэм
я тхьэжщ…
А тхьэр тщхьэщытыхукIэ
тхуэупсэу,
Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ…
Анэпсэр тщхьэщыкIмэ, итIанэ
Нэхъ щIыIэу мо дыгъэри къопс…
Уэ сытри бдэхуабэт, си Нанэ
ЗэмыкIури зэкIу пщIыфу
ушхэпст…
Гъэ плIыщIыр хэщIауэ гъуэгуанэм,
Сэ гъащIэм мыр хьэкъ
къысщищIащ:
Балигъ цIыхур щыхъур и анэр
Дунейм щехыж махуэр аращ.
 
ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер
Мамэ
Къалэм тхылъымпIэм
зэрыхуэсхьрэ
Пхуэстхыну усэ сыщIохъуэпс.
… Сэ къыщысфIэщIми
гуауэм сихьу —
Ар имыуасэ уи зы нэпс.
ГуфIэгъуэ иным сызэщIищтэу
Сэ къыщысщыхъуми сылъэтэн,-
Уи быным Iэнэ къыщыхуэпщтэм
УиIэ гухэхъуэм пэслъытын?
Быдзышэм щIыгъуу
къысIурыплъхьа бзэм
Сыхэщыпыхьу схьыми сэ, —
Уэрэд
Мы си гум убзэрабзэу
Пхуиусым сфIощIыр хэмыт псэ.
ЗэфIызотхъыжри ар —
Аргуэру
Уи гъащIэм хуэфэщэн уэрэд
ХуэбампIэу
Си гурыщIэр уэру
Къоу сигуми —
Ари сщохъур нэд.
КъысхуигъэтIасэркъым си усэм:
Махуэл уи гъащIэм зэ щумыщI,
Уэ зебгъэщIауэ зыбгъэпсэхуу
Слъэгъуакъым, сохъури илъэс
плIыщI.
Сыщыгъуэлъыжми я нэхъ кIасэу,
Сыжеижыху укъысщхьэщытщ,
Сыкъыщытэджми я нэхъ пасэу,
Жьэгум ущIэпщэу упэрытщ.
… Иджы, си гугъэр хэсхыжауэ,
УсакIуэу мы дунейм тетам
Щытар я анэм хуаусауэ
Зэхузохьэсри —
Мы сигу плъам
А уэрэд псори зэпелъытыр, —
Зэм хохъуэр си гур,
Зэми — хощI:
Тхыгъэ нэхъыфIу ахэм хэтри
Уи закъуэ пхуауса къысфIощI.
 
КЪАГЪЫРМЭС Борис
Си анэм деж
Шхын IэфIхэр Iэнэм
къытеплъхьауэ,
Аргуэру дэ дызэбгъэдэсщ.
Гу махэ дыдэ укъэхъуауэ,
УолъэщI кIэпхынымкIэ уи нэпс.
«КъэкIуэж нэхъ щIэхыурэ,
 си щIалэ, —
ЖыбоIэ, — плъагъукъэ,
жьы сыхъуащ.
Жыжьэж си гугъэкъым ажалыр,
ПщIыхьэпIэу уи адэри слъэгъуащ…
Шхэт уэ, едзакъэт. Сыт, на,
къэзбжыр?..
Ди джэдхэр, дауи, тIысыжащ,
Згъэбыдэжынщ ди
джэдэщыбжэр», —
Уи псалъэр зэу щIэплъэфыжащ.
Ей, сянэ, сянэ! Уэ узахуэщ,
Солъагъу уи щхьэцу уэсу тхъуар.
Уимылъу сигу мыкIуа зы махуэ,
УзмыщI уи гугъэми хъымпIар.
Уи бын уи гъусэу мыпсэуныр
ЗищIысыр сэри зыхэсщIащ…
Збгынэнкъым, хьэуэ, сэ ди унэр,
Мис, ноби уэ сурихьэщIащ.
Уэ пщIэркъэ — гъащIэр
жьапщэ инщи,
Дунейм цIыху цIыкIур щрекъухь,
ЖимыIэу: «Мор мобы и бынщи,
Зэбгъэдырес, жьы хъуар
гуэныхьщ».
Аращ зэманыр, хьэщIэм хуэдэу,
ДыкъыфхуокIуэж, фыдощI
пIейтей.
ДыщыIэм махуэ — ар тфIэкуэду
Дожьэж, докIуэж адрей «дыдейм».
Узыншэу, мамэ! Умыдзыхэ,
Нэхъ мащIэу пщIыхьхэм егупсыс.
ТхьэмыщкIэр — быни зимыIэххэрщ.
Мы усэр уи къуэм уэ пхуеус.

Инфоурок

Родная литература
ПрезентацииПрезентация к круглому столу «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу!»

«ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу».

Описание презентации по отдельным слайдам:

  • 1 слайд

    «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу».

    Описание слайда:

    «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу».

  • 2 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 3 слайд

    «Игъэлъ уигу быдэу уи къежьапIэхэр,

    Описание слайда:

    «Игъэлъ уигу быдэу уи къежьапIэхэр, Ауэ уи гупэкIи гъуэгу пхыш».
    /Бицу А./

  • 4 слайд

    «Хабзэ мыщIэ емыкIухьщ» «Хабзэм къемызэгъыр и бийщ»«Хабзэ мыщIэ щIыкIейщ» «Ха

    Описание слайда:

    «Хабзэ мыщIэ емыкIухьщ»
    «Хабзэм къемызэгъыр и бийщ»
    «Хабзэ мыщIэ щIыкIейщ»
    «Хабзэжь Хэкужь къранэкъым»

  • 5 слайд

    Адыгагъэм хохьэ: цIыхугъэ,щэн Iэдэб, нэмыс,шынэ-укIытэ, напэ, щыпкъагъэ, зэхэ

    Описание слайда:

    Адыгагъэм хохьэ:
    цIыхугъэ,
    щэн Iэдэб,
    нэмыс,
    шынэ-укIытэ,
    напэ,
    щыпкъагъэ,
    зэхэщIыкI,
    цIыху хэтыкIэ мардэ,

  • 6 слайд

    блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэрахущытыр, къухьэн, Iулыдж,бынунагъуэ,лъэпкъ гупсысэ

    Описание слайда:

    блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэрахущытыр, къухьэн, Iулыдж,
    бынунагъуэ,
    лъэпкъ гупсысэкIэ жыхуиIэхэр зэхуэхьэсыжауэ.

  • 7 слайд

    «Шэрджэсхэм щхьэхуитыныгъэр зыпащI щыIэкъым. Зы лъэпкъи дунейм тету къыщIэкI

    Описание слайда:

    «Шэрджэсхэм щхьэхуитыныгъэр зыпащI щыIэкъым. Зы лъэпкъи дунейм тету къыщIэкIынкъым абыхэм хуэдэу уэркъ уардагъэр зыгъэлъапIэ. НыбжьыщIэхэр зэрыгъэшэным и Iуэхум ахэр ткIийуэ бгъэдохьэ. Арагъэнщ къызыхэкIа елъытауэ зэхуэмыфащэхэр зэщхьэгъусэ щызэхуэхъуу мыбы куэдрэ ущIыщримыхьэлIэр»
    /Иван Гламберг –
    нэмыцэ генерал – лейтенант/

  • 8 слайд

    хабзэ

  • 9 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 10 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 11 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 12 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 13 слайд

    Зекуэ рис

    Описание слайда:

    Зекуэ рис

  • 14 слайд

    «Шэрджэсхэм егъэлеяуэ щхьэхуитыныгъэр фIыуэ ялъагъу, зыкIи къэмылэнджэж зауэл

    Описание слайда:

    «Шэрджэсхэм егъэлеяуэ щхьэхуитыныгъэр фIыуэ ялъагъу, зыкIи къэмылэнджэж зауэлIхэщ… я бийхэр хэгъэщIэным нэхъ щIыхь абыхэм ящIэркъым, бийм къыпикIуэтыным нэхъ напэтехи яIэкъым…»
    /Жак-Виктор-Эдуард Тебу де Мариньи/

  • 15 слайд

    «ХьэщIэр гъэлъэпIэнымкIэ адыгэхэр дэ къыттокIуэ. ХьэщIэр абыхэм зыпащI щыIэ

    Описание слайда:

    «ХьэщIэр гъэлъэпIэнымкIэ адыгэхэр дэ къыттокIуэ. ХьэщIэр абыхэм зыпащI щыIэкъым. Уи хьэщIэ пщIэ хуумыщIыныр, абы гуемыIу къылъыбгъэсыныр адыгэм дежкIэ напэтехыу щыIэм я лейщ.»
    /Александр Пушкин/

  • 16 слайд

    Хьэщэщ рис

    Описание слайда:

    Хьэщэщ рис

  • 17 слайд

    «Шэрджэсхэр гу щабэхэщ, щэныфIэхэщ, псом хуэмыдэу дахэщ я сабийхэр. Абыхэм хь

    Описание слайда:

    «Шэрджэсхэр гу щабэхэщ, щэныфIэхэщ, псом хуэмыдэу дахэщ я сабийхэр. Абыхэм хьэщIэр гъэлъэпIэнымкIэ къапэлъэщын щыIэххэкъым. Ауэ хутыкъуауэ гъуэгум къытена хамэ цIыхур гъэр ящIынкIи хъунущ…
    ХьэщIэм ахэр зэрыIущIэр франкхэм ещхьщ: нэшхуэгушхуэхэщ, фIэхъус къущахкIэ, я пыIэр зыщхьэрах. Я бзылъхугъэхэм хьэщIэхэм зыщагъэпщкIуркъым, гуапэу яIуощIэ. Бзылъхугъэхэр я Iэпкълъэпкъ зэкIужхэм ирогушхуэ, абыхэм куэншыбэ ящыгъщ…»
    /Ксаверио Главани – Францием и консул/

  • 18 слайд

    «Мы дунейм лъэпкъ теткъым адыгэхэм нэхърэ нэхъ цIыхуфIрэ хьэщIэкIэ нэхъыфIрэ.

    Описание слайда:

    «Мы дунейм лъэпкъ теткъым адыгэхэм нэхърэ нэхъ цIыхуфIрэ хьэщIэкIэ нэхъыфIрэ. Абыхэм къахуеблэгъа хьэщIэр зыхуей хуагъазэ махуищкIэ…»

    /Джованни Луккэ –
    итальян дин лэжьакIуэ/

  • 19 слайд

    Застолье рис

    Описание слайда:

    Застолье рис

  • 20 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 21 слайд

    ЖаIэр зэIыхьауэ дунеишхуэр ЩымыIэжу ауи зы нэмыс КIуэдыжауэ жаIэр адыгагъэр

    Описание слайда:

    ЖаIэр зэIыхьауэ дунеишхуэр
    ЩымыIэжу ауи зы нэмыс
    КIуэдыжауэ жаIэр адыгагъэр
    Темытыжуи щIылъэм зы бгырыс
    Дунеишхуэр хэт зэIыхьэпауэ
    ЩымыIэжу зыбжыр зы нэмыс
    Е кIуэдыжыпауэ адыгагъэр
    Темытыжу щIылъэм зы бгырыс?
    Уэшхым уэсыр лъэщIэмыхьэу,
    ЯригъэщIу щхьэщэ щиху лъэгэжьхэм,
    ФIэлъкъэ кърищIэхыу уэс чэсейр?
    ЗэIыхьар дунейркъым — сыт илажьэ,
    КIуэдыж хъурэ цIыхум и нэмыс?
    Фарзщи, адыгагъэм фемыIусэ
    Ар псэунщ бэуэхукIэ зы бгырыс!

  • 22 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 23 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 24 слайд

    Адыгэ лъэпкъыр егъэпуд: дэтхэнэ адыгэ зи хабзэм, зи лъэпкъым , зи унагъу

    Описание слайда:

    Адыгэ лъэпкъыр егъэпуд:
    дэтхэнэ адыгэ зи хабзэм, зи лъэпкъым , зи унагъуэм епцIыжами;

  • 25 слайд

    дэтхэнэ адыгэ зи напэ, зи щIыхь, зи лIыгъэ зыфIэкIуэдам е зыщам;

    Описание слайда:

    дэтхэнэ адыгэ зи напэ, зи щIыхь, зи лIыгъэ зыфIэкIуэдам е зыщам;

  • 26 слайд

    дыгъуакIуэхэм, хьилэшыхэм, щэхуу е нахуэу Iулъхьэ Iызыххэм

    Описание слайда:

    дыгъуакIуэхэм, хьилэшыхэм, щэхуу е нахуэу Iулъхьэ Iызыххэм

  • 27 слайд

    Дэтхэнэ зы адыгэми и къалэнщ:

    Описание слайда:

    Дэтхэнэ зы адыгэми
    и къалэнщ:

  • 28 слайд

    Адыгэ хабзэм тетыныр;

    Описание слайда:

    Адыгэ хабзэм тетыныр;

  • 29 слайд

    Псэм и пэ напэр иригъэщыныр;

    Описание слайда:

    Псэм и пэ напэр иригъэщыныр;

  • 30 слайд

    И анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэу ирипсэлъэныр, ар и бынхэм яригъэщIэныр;

    Описание слайда:

    И анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэу ирипсэлъэныр, ар и бынхэм яригъэщIэныр;

  • 31 слайд

    Хамэ лъэпкъхэм адыгэ хабзэр зыхегъэщIэн абыхэм я деж лъэпкъ напэр щыхъумэныр;

    Описание слайда:

    Хамэ лъэпкъхэм адыгэ хабзэр зыхегъэщIэн абыхэм я деж лъэпкъ напэр щыхъумэныр;

  • 32 слайд

    Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр джыныр, щIэныр, абы иригушхуэныр. Уи блэкIар умыщIэу

    Описание слайда:

    Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр джыныр, щIэныр, абы иригушхуэныр.
    Уи блэкIар умыщIэу къэкIуэнур пхуэухуэнукъым.

  • 33 слайд

    Адыгэ къафэ

    Описание слайда:

    Адыгэ къафэ

  • 34 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 35 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 36 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 37 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 38 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 39 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 40 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 41 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 42 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

  • 43 слайд

    Псэм ипэ напэ сочинение

Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с
сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

Пожаловаться на материал

Псэм ипэ напэ сочинение

  • Сейчас обучается 939 человек из 79 регионов

Псэм ипэ напэ сочинение

  • Сейчас обучается 893 человека из 81 региона

Псэм ипэ напэ сочинение

  • Сейчас обучается 1010 человек из 81 региона

Найдите материал к любому уроку,
указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

также Вы можете выбрать тип материала:

  • Все материалы

  • Статьи

  • Научные работы

  • Видеоуроки

  • Презентации

  • Конспекты

  • Тесты

  • Рабочие программы

  • Другие методич. материалы

Проверен экспертом

Общая информация

Похожие материалы

  • «…А зырщ Хьэбас и гъащIэм и макъамэр»

  • Презентация «Жизнь моя народу отдана» по творчеству Мусы Джалиля

  • Рабочая программа по крымскотатарскому языку 6 класс

  • Рабочая программа по крымскотатарской литературе 6 класс

  • Рабочая программа по крымскотатарской литературе 9 класс

  • КТП по крымскотатарской литературе 7 класс

  • КТП по крымскотатарской литературе 8 класс

  • КТП по крымскотатарской литературе 9 класс

  • Не нашли то что искали?

    Воспользуйтесь поиском по нашей базе из

    5451663 материала.

Вам будут интересны эти курсы:

  • Курс повышения квалификации «Специфика преподавания конституционного права с учетом реализации ФГОС»

  • Курс повышения квалификации «Организация практики студентов в соответствии с требованиями ФГОС юридических направлений подготовки»

  • Курс повышения квалификации «Финансы: управление структурой капитала»

  • Курс повышения квалификации «Страхование и актуарные расчеты»

  • Курс профессиональной переподготовки «Управление ресурсами информационных технологий»

  • Курс профессиональной переподготовки «Управление сервисами информационных технологий»

  • Курс профессиональной переподготовки «Корпоративная культура как фактор эффективности современной организации»

  • Курс профессиональной переподготовки «Деятельность по хранению музейных предметов и музейных коллекций в музеях всех видов»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация системы менеджмента транспортных услуг в туризме»

  • Курс повышения квалификации «Финансовые инструменты»

  • Курс профессиональной переподготовки «Метрология, стандартизация и сертификация»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация процесса страхования (перестрахования)»

  • Курс повышения квалификации «Информационная этика и право»

  • Курс профессиональной переподготовки «Управление качеством»

Къэмыгупсыса хъыбар

(ГъэкIэщIауэ)

Зауэр зэрыувыIэрэ илъэс бжыгъэ тещIэжащи, Бабэ и щхьэр къыхуэмыIэту и махуэхэр йокIуэкI. ЦIыху нэфIэгуфIэу щытарауэ умыщIэжыну и нэгур къеуфэхащи, гупсысэ хьэлъэу зэщIэзыIулIэр хущIэуфэркъым, зыкъызэкъуихыу зыгуэрым къыпыгуфIыкIыфыркъым. Бабэ и гум щыщIэр къыдэзыщIэхэм, ар гухэ зыщIым, гунэдж къезымытым псори щыгъуазэщ, арагъэнщ абы лейуэ зыри къыщIыдэмыгушыIэр, зэзэмызэ и хьэлъэр къыщагъэпсынщIэн щхьэкIэ, псэлъакIуэ-уэршэракIуэ гъунэгъу фызхэр къыхуекIуэкIми, щIагъуэу гужьдэгъэкI щIамыщIыр.

Сытым хуэдэу унагъуэ дахэт Бабэ и унагъуэр. Зы щхьэгъусэ иIэти, тхьэ узэрелъэIунт – лэжьакIуэт, и Iэм дыщэ къыпощ, жыхуаIэм ещхьт, сытми хуэIэпщIэлъапщIэт. Къуитху зэдагъуэтати, дыщэ бынкIэ къеджэу я цIэр къуажэ кIыхьым дэлът. Ауэ Бабэ и насыпыр зэуэ къекъутэхащ. Илъэс пщыкIутI фIэкIа бгъэдэмысауэ уз бзаджэ къеуэлIам пэмылъэщу щхьэгъусэр щхьэщыукIуриикIащ. Хьэдагъэр иухатэкъым щIалэхэм я курыт Хьэбан хуабэ узым щыIэщIихам. Быным я нэхъыщIэ дыдэ Iэбу абы махуэ бжыгъэщ зэрыкIэлъыпсэужар. Мазэ зыщыплI фIэкIа ямызэхуакуу щIалэ нэхъыжьитIри, Iэюбрэ НэIибрэ, дуней пэжым кIуэжащ. Къыхуэнар Мухьэб и закъуэти, тегужьеикIауэ и гъащIэр ихьырт: дэкIамэ, къыдэмыхьэжын фIэщIу куэбжэпэм Iуту, къыдыхьэжамэ, джэлэн къыщыхъуу и ужьым иту къыдекIуэкIырт.

Пэмыплъэххэу нэхъыжьыгъэр къызылъыса Мухьэб и анэжьым и закъуэтэкъым зэплъын хуейр, абы къыхуэнащ и къуэш нэхъыжьым и бынунагъуэри. Зыр зым нэхърэ нэхъ цIыкIуу къуэшым къыщIэна бынитхур езым яхуэдэхэм емыхъуапсэу, адэ зиIэми хуемыплъэкIыу къэгъэтэджын хуейт. Пасэу балигъыпIэм иува Мухьэб зыIуува IэнатIэм и хьэлъагъыр псынщIэу зэхищIыкIащ, лъэкIи къимыгъанэу быныр зэригъэпсэун Iэмалхэр къиулъэпхъэщу щIидзащ. ЗиузэщIынуми, зыкъиIэтынуми Мухьэб игъуэ ихуакъым, зауэр къэхъеящ. Гъунэгъу щIалэхэр зэкIэлъхьэужьу щыдэкIым, хьэблэм шэмэджыр зыуIун гуэри къыдэмынэжу псори зэуапIэм щыIухьэм, Мухьэб унэм дэсыныр къригъэкIужакъым. Иджыри къыздэсым зыщыгугъын ямыIэу къанэ бынунэм къигъэувыIэми, жылэр зэрыхъу фыхъунщ, сэри сыдэкIынущ, жиIэри дэкIат.

ДэкIащи, нобэри макIуэ, ныжэбэри макIуэ, ауэ Мухьэб и хъыбар зыри къэIуркъым, зауэри увыIащ, илъэс бжыгъи дэкIыжащ иужьрей фочышэр зэрырагъэкIрэ, ауэ Мухьэб и хъыбар зэхэзыха зыри къыкъуэкIыркъым… Бабэ хуэмыхьыххэр арат. «Жьуджалэрэ пэт мэхашэ, щIыр зэгуэхуу дэмыхуамэ, и гугъу къысхуэзыщIын сыту къыкъуэмыкIрэ… Мес, Талъустэнрэ Мухьэжыррэ къызэрыкIуэжрэ мащIэ щIа, унагъуэ ящIыжащ, я бынхэри Iэгъэ-быгъэм зэрыхэкIрэ куэд щIащ. Сысейр щыхэтыр дэнэ?» – куэдым егупсысырт Бабэ, здынэмыси щыIэтэкъым.

Зы тхьэмахуэкIэ сыщыIэнущ жиIэри ТIэху, Бабэ и пщыпхъу нэхъыщIэр, дыщым къэкIуэжат. ТIэху псэлъакIуэт, зыхыхьэр игъэсысу жант, гушыIэ жыпщ, псысэныбэщ, хужаIэу псори къыдэзыхьэх цIыху гуапэт. Бабэ зэщIэзыIыгъэр ищIэ пэтми, гупсысэ хьэлъэхэр щхьэщигъэумэ фIэфIу, дунейм щекIуэкI хъыбархэр хуиIатэрт. Жэщыбг пщIондэ апхуэдэу щысауэ ТIэху унэм къыщIэкIащ, зэ къэсплъыхьынщ, куэбжэр гъэбыдэжамэ, Iэбжэ-набжэхэр етыжамэ, сеплъынщ, Iэщыр зэгъэжамэ, сахэплъэнщ, жиIэри. Бабэ зыри жиIакъым. «Пхъужьым игу сеуэнкъым, и пIэ изэгъэжмэ, иджыри зэ сыщIэкIынщ», – егупсысащ ар.

Илъэс бжыгъэ хъуауэ Бабэ куэбжэр игъэбыдэжыртэкъым. «ЩIалэр къэкIуэжрэ, сэхыр етауэ кърихьэлIэжмэ, хъункъым, игу зэщыунщ, и жагъуэ хъунщ», – жиIэрт. Зым хуэмыдэжу абы нэхъ и нэIэ тетт. Арат пэш цIыкIуитIрэ пщэфIапIэу зэхэт унэм къыщIэкIыу, зи щхьэгъубжэхэр куэбжэпэмкIэ гъэза хьэщIэщым Бабэ щIэIэпхъуэжари, щIалэр къэкIуэжмэ, занщIэу къилъэгъункIэ гугъэу.

Жэщи махуи КъурIэн еджэу, ар щызэгуипIэм нэмэзлыкъым тетIысхьэу, абы къытекIыжмэ, сабий быным яхуэпщафIэу зи гъащIэр зыхь Бабэ жэщитI ипэ зы пщыхьэпIэ илъэгъуати, къикIыр хузэхэмыхыу иIыгът, Iуэху иримыгъэщIэжу. КъыхиубыдыкIам гугъэ гуэр къигъэуша хуэдэти, лъэрытемыт хъуауэ къижыхьырт, ищIэри зи ужь итри езы дыдэм къыгурымыIуэжу. ТIэху куэбжэр згъэбыдэжынщ щыжиIам къеныкъуэкъуар аращ, Тхьэм зыгуэр къыхуищIэну иуха хъужыкъуэмэ, абы сытеплъэкъукIрэ сIэщIэкIмэ, жиIэу.

Бабэ и нэгу щIэкIа пщIыхьэпIэм бгыр щэIу хуэдэт, ар зэгуэкIыу и зэхуакум зыгуэр къыдигъэкIыну къызэреIэр къапщIэу. И кIуэцIкIэ къепIэстхъыурэ бгым зыгуэр къеныкъуэкъурт. Игъуэ хъуакъым, жиIэурэ зы макъ гуэрым ар зэришыIэри зэхэпхырт, ара хуэдэт бгыр зыщIызэгуэмыкIри. Езыр екIуэталIэу бгыр зыхэт бэлыхьыр щхьэщихыну еIа щхьэкIэ, къыздикIар имыщIэу къэунэхуа псыежэхым зэпрыкIыну Iэмал хуигъуэтакъым, апхуэдизкIэ нэри пэри ихьу ар ежэхырти. Жэщыбг пщIондэ бгым и щэIу макъым едаIуэу щыта Бабэ зэ къызэхех ар къызэрычэр, къыдихыу хуежьа гъуэзми  мащIэ-мащIэурэ щIылъэр иуфэбгъуу и дежкIэ къызэрыкIуэр…

Бабэ гъуэзым кърита шынэм къигъащтэри къызэщыуат, ауэ и дежкIэ къызэрыкIуэм, гузавэу а бгым зэрыбгъэдэтам и гум зыгуэрхэр игъэпIэжьажьэу щIидзати, пыIэгъуэ къезымытыр арат. А хузэхэмых хъарпшэрым IэщIимыубыдапэ щIыкIэ ТIэху къыхуэзыхьыжа Тхьэшхуэм Бабэ хуэарэзыт, зи мыхъуми сщхьэщегъэу, жиIэрт…

Жасы нэмэзыр щIын иухакIэт ТIэху къыщыщIыхьэжам. Iэуэлъауэшхуэ иримыгъэщIу ар и гъуэлъыпIэм екIужащ, Бабэ и пIэм жейуэ илъ сабийхэм я щхьэфэм Iэ дилъэщ, дахэ яжриIэри зигъэзэгъэжащ. «Уэ ди Тхьэшхуэ, дыкъэзыгъэщIари дызэкIуэлIэжынури уэращ. Си лъэIум и пэр зэрыщIэздзэри и кIэр зэрызгъэтIылъыжри аращи, Мухьэб псэууэ къысхуэхьыж. УмыщI си кхъаблэпэр зеиншэ, быныр щхьэтепIэншэ. Уэ ди Тхьэ, дыгъэIуэтэж, зэхэдгъэх хъыбарыфI!» – зэ зэрыжиIар фIэмащIэу, Бабэ къытригъэзэжурэ и тхьэлъэIур зэкIэлъигъакIуэрт, нэхъыбэрэ зэпищэху, гугъэзагъэ къриту, и къуэр и унэ къызэрихьэжынум и фIэщхъуныгъэр имыгъэкIуасэу.

Я бзэгупэм къыпынарэ ар жамыIэу щIагъуэ дамыхыу «ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх» псэлъафэр быным яIурылъ хъуат. Псом хуэмыдэу а псалъэр Бабэ сабийхэм куэдрэ жаригъэIэрт, фэ фыгупцIанэщ, фыпсэ къабзэщ, фи тхьэлъэIур мелыIычхэм япхъуэтэнурэ Тхьэшхуэм деж нахьэсынущ, жиIэурэ.

Нэмэзлыкъыр гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIигъэкIуатэри, Бабэ унэм къыщIэкIащ, занщIэуи куэбжэмкIэ иунэтIащ. ТIэху куэбжэм иритыжа сэхур къригъэжыжри, и щIыб къигъазэу лъэбакъуитI ичатэкъым, ар къыIуихыну зыгуэр къызэреIэр щызэхихам. Бабэ къызэплъэкIщ, и нэр зэ щхьэкIэ щIэункIыфIыкIыу къыщыхъуами, зызэтриубыдэжри, кIыфIым къыхэкIым дежкIэ плъащ…

КъигъащIэ псом Бабэ асыхьэтым ириплъэжами ярейщ, ауэ мы дакъикъэм хуэдэу нэхъ IэфI хэтауэ къыхуэщIэжакъым. И пащхьэ итыр Мухьэбт. Уэд хъуами, пыIэ натIэм къыщIэплъ и щхьэц тIэкIур уэсым хуэдэу тхъуами, ар Мухьэбт, мы гъащIэм щиIэ и гугъэ тIэкIухэр зрипх и къуэрт… И дамэм едзэкIа къэлътмакъыр Мухьэб иригъэтIылъэхри, анэм и пащхьэ етIысэхащ, и Iэр къищтэри ебэуащ. «Къохъусыж, си щIалэ! Уи хъыбарыфI къытхуэзыхьа ди Тхьэшхуэм къурмэн сыхухъу!» – жиIэри, Бабэ и Iэгу зэлъахэр Мухьэб и щхьэфэм иригъэжащ…

Уэсыр щабэ дыдэу кърипхъыхырт, дунейр нысащIэ фащэкIэ ихуапэ фIэкIа умыщIэну. Нэхугъэрэ гуапагъэкIэ узэщIэзыщтэ уэсыпэ зэщIэлыдэхэм дзапэ уэрэд кърашым ещхьт, упсэуну, ущыIэну, угуэпэну ухуейуэ уащIу… ИлъэсыщIэ жэщт а жэщыр… Адрей жэщхэм нэхърэ сыткIэ нэхъ гъэщIэгъуэн жыпIэнущ, ауэ хъуэхъубзэр изщи, фIыгъуэ Iэджэм упегъаплъэ, ущегъэгугъ. Бабэ дунейм зэрехыжрэ Iэджэпси ежэхащ, ауэ и «ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх!» псалъэр къилъхуахэми, абыхэм я лъхужхэми нобэ яIурылъщ, и псэм зыхищIа фIэщхъуныгъэр щIэблэми яIэщIэмыхуу…

Нобэ ди псэлъэгъущ Краснодар щIыналъэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъут Аскэр.

— «Лъэпкъ Iуэху» жыдоIэ сыт щы­гъуи. Хэхэсми хэкурысми зыуэ зезыгъэлъытэж, псори зэзыгъэуIу лъэпкъ гупсысэр сыт хуэдэ, Аскэр?
— Нобэ дэтхэнэ хэгъэгу щыпсэу адыгэми лъэпкъым зэрыщыщыр къыгу­роIуэ. Ар ди лъэпкъ гупсысэкIэм и лъабжьэщ. Зы лъэпкъыу дызэ­рыщытыр ди тхыдэм, хабзэм, бзэм, дуней тетыкIэм къегъэлъагъуэ. Ардыдэр къегъэлъагъуэ дэнэ щыIэ адыгэри ди Хэкужьым зы дыщыхъу­жыну гугъэшхуэ зэрыдиIэм. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм дадэпсэууэ дунейм дыщикъухьами, Тхьэм и фIы­щIэкIэ, Iыхьлы-благъагъэ, жылэ-хэгъэгу Iуэху зэхыхьэ хъуми, нобэ ды­зэроубыдыф.
 Дунейм тет лъэпкъ куэдым ещхьу, дэ пщэрылъуи гугъэуи диIэр зыщ: зыкъэдужьыжынырщ, ди адэжьхэм къа­щIэна хабзэмрэ бзэмрэ тхъумэ­нырщ. Абы махуэ къэс дыкъыхуреджэ ди лъэпкъыр здынэса щытыкIэми, дя­пэкIэ щIалэгъуалэм къапэщылъ гъащIэми.
Дызэрыт зэманым адыгэхэр зы­хуэныкъуэр сыт жыпIэмэ, ар дэтхэнэ хэгъэгуми хуитыныгъэу щыдиIэр лъэпкъым и фейдэкIэ къэдгъэщ­хьэпэфынырщ. ХэткIи нахуэщ ды­щыпсэу щIыналъэхэм зэгурыIуэ-зэдэIуэжу дыщыпсэумэ, ди дежкIэ абы нэхъыфI зэрыщымыIэр. Иджы­рей дунейм тынш дыдэкIи уеджэнкъым, бэлыхьышхуэ зытелъ лъэпкъ куэд щыIэщ. Апхуэдэу щытми, гу ­лъумытапIэ иIэкъым, ипэ зэманым ди щхьэ кърикIуахэм еплъытмэ, нобэрей гъащIэм зэмызэгъыныгъэрэ зэ­пэщIэу­вэныгъэу хэтым елъытауэ, ди Iуэхур куэдкIэ зэрынэхъыфIыр.
Дыгъуасэрей дунейм хэгъэгухэм зэгурыIуэну Iэмал ямыгъуэту, идеологие пхэнжхэр щыпхышауэ, залы­мыгъэм цIыхугъэр щилъахъэу ап­хуэдэт. А псом къыхэкIыу, дэнэ щыIэ адыгэми пщэрылъу диIэр ди Хэкужьым псори дыщызэрыгъуэтыжын папщIэ тхузэфIэкI тщIэнырщ. Нобэ абы щхьэкIэ Алыхьталэм Iэмалу къыдитар къытхуэгъэсэбэпын хуейщ.
— Адыгэхэм я процент 90-р щыпсэу хэгъэгухэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр що­кIуэкI. Къэрал зыбжанэм (Урысейм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием) куэд къыщохъу. А псори зэхуэзыгъадэр зыщ: ди адэжьхэм я гъащIэм ещхькъым дяпэкIэ къэхъуну адыгэхэм я дунейр. Абы къыхэкIыу, нобэрей дуней мыгуп­сэхум дауэ адыгэхэр щызэрыубы­дыжа зэрыхъунур?
 — Шэч хэлъкъым дыкъэзыухъуреихь дунейм увыIэгъуэ имыIэу зэрызи­хъуэжым. Нобэрей технологие лъагэхэр, Интернетыр, хьэршым щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр, дыгъуасэ дызыхэта гъащIэм еплъытмэ, шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Апхуэдэу щытми, иджырей лъэхъэнэр цIыхугъэм ­нэхърэ, цIыхум бгъэдэлъ Iэмалхэм нэхъ я дунейуэ жыпIэ хъунущ. ИтIани цIыхум гулъытэ хуищIыфын хуейщ зэхэтыкIэ хабзэу зэзышалIэхэм, лъэпкъ, хэгъэгу зыщI щхьэусыгъуэ­хэм. Абы ипкъ иткIэ уасэшхуэ иIэщ адыгэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ адыгэ хабзэмрэ адыгагъэмрэ.
Адыгагъэр — цIыхугъэщ, акъылщ, гулъытэщ, лIыгъэщ, напэщ, хьэтырщ, гуапагъэщ, псапэ щIэныгъэщ, псэр къэ­зыхъумэ тхьэфIэщхъуныгъэщ, абы къыхэкIа лъэпкъ гупсысэкIэрэ псэ­у­кIэрэщ.
 Адыгагъэр — адыгэм фIы езыгъащIэ пщэрылъщ, зэмыплъэкIыжу цIыхухэмрэ лъэпкъымрэ яхуэлэжьэну езыр-езыру Тхьэм и цIэкIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнщ. Лъэпкъыр зэзыгъэуIуу цIыхугъэм и лъагапIэм хуэзышэ Iэмалщ ар.
ЦIыхугъэр зи лъабжьэ хабзэ зехьэкIэр ди лъэпкъым езым и гукъы­дэжкIэ къыхихащ. ЛIэщIыгъуэ блэкIахэм зэфIэува хабзэм зэхъуэкIыныгъэ гуэр къыхэхъуами, и лъабжьэм зимыхъуэжу къызэтенащ. Илъэс минхэм къапхыкIа цIыхугъэ щапхъэхэмкIэ зэгъэзэхуа хъуа хабзэр зыхэлъ адыгэхэр дыгъуасэ фIэкIа дунейм къытехьауэ щымытамэ, и хъугъуэфIыгъуэхэр нобэрей ныбжьыщIэхэм я деж къэ­сынтэкъым.
 ЩыIэныгъэм и мыхьэнэр, цIыху зэхущытыкIэм, нэхъыжь-нэхъыщIэм, хъулъхугъэ-бзылъхугъэм, унагъуэ гъэп­сыкIэм, сабий пIыкIэ-гъэсэкIэм дызэрыхущытымкIэ дэ псоми дакъыщхьэщокI. А псоми зэрыбгъэ­дыхьапхъэр адыгэхэм куэд щIащ къызэрагъуэтрэ.
Пэжщ, зэрыщытын хуеймрэ зэ­рыщытымрэ щызэтемыхуэ куэдрэ ­къохъу, ауэ ар цIыхум къыхих гъуэгум елъытащ. Мы дунейм дахагъэу тетым зритрэ, хьэмэрэ гъащIэм езым здихьымкIэ зригъэхьэхрэ — щхьэж къы­зэрыхихщ, зэреплъщ. Езы лъэпкъым гъуэгу захуэу илъытэр къигъэнахуа­кIэщ.
Сэ сызэрегупсысымкIэ, адыгагъэмрэ адыгэ хабзэмрэ я фIыгъэкIэ лъэпкъыр тхьэмыщкIагъэ куэдым ­къелащ, дунейм цIыхуу тетым цIыхугъэкIэ ябгъэдэтыфу езыхэми пщIэ зыхурагъэщIыфу зэманым къып­хыкIащ.
ЖумыIэми хъунущ адыгэр адыгэу къызэтенэным зи гупсысэ нэмысым, лъэпкъ лъабжьэр гъэбыдэным иужь имытхэм, абы и Iуэхур зэIызыщIэ ­гъуэгу пхэнж тетхэм яфI лъэпкъым къызэремыкIыр. Зи лъэпкъым уасэ хуэ­зы­мыщIым, зыщыщыр къы­зыфIэмыIуэхум, хабзэ, бзэ зезы­мы­хьэжхэм цIыхухэм зэраныгъэ къы­хуахь, пхузэхэмыхыжын хуэдизу лъэпкъ гупсысэкIэр зэхагъэзэрыхь. Сыт хуэдэ дуней тетыкIэ абыхэм къыхуагъэнэнур ныбжьыщIэхэм? Щхъухь ирагъэшхам ещхьу, цIыху ныкъуэхэу дунейм къытенэнухэщ.
— Адыгэ цивилизацэр. Абы и уасэмрэ гъэщIэгъуэну хэлъымрэ. Сыт хуэдэ щIыкIэу къагурыбгъэIуэну ныбжьыщIэхэм — хэхэси хэкурыси — адыгэу укъэнэжыным мыхьэнэуэ иIэр? ИкIи сыт хуэдэ щIыкIэу ар дуней псом и пащхьэ зэритхьэнур, и фIыр зыхащIэн хуэдэу?
— ИщхьэкIи и гугъу сщIащ узэрыгушхуэну ди лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхэм. Адыгэхэр дунейм нэхъ лъэп­къыжь дыдэу тетхэм ящыщщ. ЩIэныгъэлIхэм зэралъытэмкIэ, илъэс мини 7-8-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказым къы­щожьэ ди лъабжьэр. А зэманым щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым лъэпкъ куэд дунейм текIуэдыкIащ, щы­Iами-щымыIами ямыщIэжхэу. Ди насып кърихьэкIри дыкъызэтенащ. Абы дэ нэгъэсауэ къыдгурымыIуэ ­кууагъ гуэр хэлъ къыщIэкIынщ, пэжыр Тхьэм ещIэ.
Сэ сызэреплъымкIэ, къытщIэхъуэ ныбжьыщIэхэм къагурыдгъэIуэн ­хуейщ лъэпкъыр хъумэжыныр Тхьэм пщэрылъ къызэрытщищIар: цIыхугъэ лъагэр зи лъабжьэ хабзэ зекIуэкIэ, цIыху зэхэтыкIэу диIэр дригушхуэу тIуэтэн хуейщ, ар ипэкIэ зэрыдгъэкIуэтэнми дыхущIэкъупхъэщ. Ахэр тхузэфIэкIын папщIэ ди Iэмалхэри мыращ: цIыхугъэ, лIыгъэ, щыпкъагъэ, напэ, гущIэгъу, фIырэ псапэрэ, фIэщхъуныгъэ. Ахэращ зытещIыхьауэ щытынур къытпэщылъ тхыдэр. Адыгагъэм тету псэу цIыхур фIы псори зыхэлъ цIыхущ. НэхъыфIым дытетмэ, лъэпкъыр хъумэжынымкIэ ди къалэныр тхуэгъэзащIэмэ, дунейм тет лъэпкъ куэдым дахэшымыпсыхьу дыкъызэтенэнущ.
Сэ сыщогугъ адыгэ щIалэгъуалэм ар пэжу къагурыIуэну. Щхьэж и къалэным и гугъу пщIымэ, дэтхэнэ зыри япэу дызэлIэлIапхъэр ди бынхэрщ. Дызытепсэлъыхь фIыгъуэхэр абыхэм яхэтлъхьэну тхузэфIэкIмэ, иужькIэ псори Iуэху щхьэпэм дыщыгуфIы­кIыжынущ. ТIэщIэкIамрэ дызылъэ­Iэсыпхъэмрэ зэхэдгъэкIыу, абы теу­хуауэ псори дызэдэлэжьапхъэщ.
— Лъэпкъ гупсысэкIэ, щэнхабзэм теухуауэ зылъэмыIэсыф гуэрхэр яIэ адыгэхэм? ЯIэмэ, сыт а лъэныкъуэмкIэ нэхъ зэлIэлIапхъэр?
— Лъэпкъ гупсысэкIэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнырщ дунейм тет дэтхэнэ зы лъэпкъми и къэкIуэнур зэлъытар. Лъэпкъ гупсысэкIэ зимыIэм дунейм щIытетыр имыщIэу, жьым зрихьэу мэпсэу, псэ Iут къудейуэ. Дэтхэнэ гукъеуэми игу игъэкIуэду, гугъэр IэщIыб ищIарэ щыIэкIэ-псэукIэм хуэхамэу къонэ апхуэдэ цIыхур. ДэшэхыгъуафIэ мэхъури, адрей лъэпкъхэм тыншу хошыпсыхьыж. Ди лъэпкъыр зыгъэкIуэдыжыну щIэхъуэпсхэм ап­хуэдэ плъапIэхэр къытхуаIэу куэдрэ къебгъэрыкIуащ адыгэ щэнхабзэми, тхыдэми. Кавказым пасэрей цивилизацэ имыIа хуэдэу къагъэлъэгъуэну хэтщ абыхэм нобэми. Адыгэм дуней­псо цивилизацэм хэлъхьэныгъэ хуимыщIа хуэдэу жаIэ. Ди лъэпкъым лIыгъэу зэрихьахэр ягъэмащIэу, хуэмыфащэ къыхужаIэу, лъэпкъ Iэлу, мы­гъасэу щыта хуэдэу ягъэхъыбар. Е адыгэм тхыдэм къыщилэжьа пщIэр кIэрагъэхуу, щыщIэныгъэ гуэр далъагъумэ, ягъэбагъуэу апхуэдэхэщ. Ахэр зыщIэхъуэпсыр зыкъэдужьыжын гугъэр тIэщIахыу дыхагъэкIуэ­дэжы­нырщ. Ауэ ар абыхэм къехъулIэнукъым, блэкIа лъэхъэнэхэм лъап­сэрыхыр къытхуагъэкIуа пэтми, дызэрамыгъэкIуэдыфам хуэдэу.
 XX лIэщIыгъуэм академическэ щIэныгъэм куууэ зиужьащ, иджыри къэс цIыху цIыкIур зыщымыгъуазэ куэд зэхуахьэсыжащ. Адыгэ тхыдэджхэми, археологхэми, этнографхэми, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэми куэд яхэтщ дунейпсо тхыдэ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа. Ди нобэрей пщэрылъхэм ящыщщ адыгэм и щIэныгъэм хэдгъэхъуэныр, ипэкIэ дгъэкIуэтэныр. Абы щхьэкIэ ди лъэпкъым и тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэр къетшалIэу, щIэуэ езы щIэныгъэм къыхэхъуэри зэдгъэуIуу къыкIэлъыкIуэ щIэблэм лъэдгъэIэсын хуейщ.
 Абы нэхърэ нэхъ мащIэкъым щэнхабзэм ехьэлIа къалэнхэри. ЩIалэ­гъуалэм, псом хуэмыдэу хэхэсхэм, анэдэлъхубзэ яIурылъкъым. Абы къыхэкIыу, адыгэ тхыдэм теухуа тхыгъэхэми, «Нарт» эпосми, лъэпкъ литературэми щымыгъуазэу къонэ. Пэжщ, езыхэри йолэжь а Iуэху­гъуэхэм. Ауэ хэкужьым щекIуэкIым упэIэщIэу жыжьэ укIуэтэнукъым. Мы сызытепсэлъыхьыр гъэсэныгъэм елэжьхэми, лъэпкъ зэгухьэныгъэхэми яхуэгъэзащ. «СщIэнщ» жиIэмэ, хэти и къару зрихьэлIэн игъуэтынущ. Абы къыхэкIыу, XXI лIэщIыгъуэр адыгэхэм я зыужьыжыныгъэм и зэману къэтлъытэн хуейщ. КъыдгурымыIуэу мыхъунур зыщ: зыри къа­кIуэу ди Iуэху тхузэфIихынукъым.
— Политикэм, щэнхабзэм теухуауэ сыт хуэдэ пщэрылъ зэхуащIыжыр лъэпкъ Iуэху зезыхуэ гупхэм? Ахэр дауэ зэфIэгъэхьа зэрыхъунур?
— ИпэкIэ зэрыжысIащи, иджырей адыгэхэм я къалэн нэхъыщхьэр адыгэу къызэтенэжынырщ, я щэнхабзэр яхъумэжынырщ. Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ лъэпкъыбзэ, хабзэ хъуми, лъэпкъым къыдекIуэкIхэр яхъу­мэнырщ. Дэнэ щIыпIэ щыIэхэми дэIэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр — адыгэр и Хэкужьым къешэлIэжынырщ, сыту жыпIэмэ, абы лъэпкъым и пщэдейрей махуэр зэрыщыту елъытащ. ТщIэ псоми и мыхьэнэр аращ.
 Мыбдеж наIуэ къыщохъу хэт и напи: ирецIыху щхьэхуэ, ирецIыху гуп, ирекъэрал къулыкъущIэ. Щхьэж и зэфIэкI иреплъыж: унагъуэ дапщэ хэкум къишэжа, щигъэгупсэхужа, нэрыбгэ дапщэм ядэIэпыкъуа? ИтIанэ хэти ищIар IупщIу илъа­гъужынщ.
 Мы зи гугъу сщIыхэм лъэпкъыр зэкъуэзыч щхьэусыгъуэу щыIэхэри хохьэ. Гуп щхьэхуэхэр щыIэщ хэкум ягу иримыхьын гуэр щалъагъумэ, ущIэкIуэжын щыIэкъым жаIэу. Апхуэдэ дыдэу, Хэкужьым къэкIуэжахэр, хэхэсхэр зыубхэри мащIэкъым. Зы лъэныкъуэкIэ, Кавказым щыIэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэр къэралым еубзэ зэпыту, адыгэ Iуэху зэрамыхуэу ягъэIу. Мыдрейхэми «хэхэсхэр адыгэжкъым, ахэр хьэрып, тырку ­хъуакIэщ, Кавказым къыхуеижкъым» жаIэ. А лъэныкъуитIми уедаIуэ зэрымыхъунур гурыIуэгъуэщ.
 Хэхэс адыгэхэм я къарур щIэзыхыр хэкум икIыу абыхэм я деж хъыбар нэпцIхэр зэрыкIуэрщ. Апхуэдэ дыдэу зэраныгъэ къешэ хэкум къахь псалъэмакъ мыщхьэпэхэми. Хэкум къэкIуэну, къэплъэну щIэхъуэпс ныбжьыщIэхэм я мурадхэр апхуэдэ хъыбар нэпцIхэм ялъахъэ.
А псор зэрымыщIэкIэ къэхъу гуэру щыткъым. Адыгэр зыдэпсэу лъэпкъ­хэм яхэшыпсыхьыжмэ нэхъ къэзыщтэхэр зэрыщыIэр наIуэщ. Апхуэдэ дыдэу Iыхьлыгъэ-благъагъкIэ зэпы­щIахэм я зэхуаку дэлъ лъэмыжхэр якъутэным хущIэкъухэри гъунэжщ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ къагъуэтми, ди лъэпкъым хэлъ зэкъуэшыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэхэмрэ зэпауду езы адыгэри хагъэкIуэдэжынырщ абыхэм я плъапIэр.
 Ди гуращэхэр къыдэхъулIэн папщIэ, лъэпкъ гупсысэкIэм дытетын хуейщ. Адыгэ псалъэжьым жеIэ: «ФIы щIэи псым хэдзэ». Абы тету, дызэмыплъэкIыжу, щхьэж хузы­фIэкIымкIэ лъэпкъ Iуэхум дыхэувэу ипэкIэ дгъэкIуэтэным дыхущIэкъупхъэщ. Нэхъыбэ къыдэхъулIэху, лъэпкъыр зыщIэхъуэпс гъащIэми ­нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ. Тхьэм ди псэм и къарур къытпэщылъ къалэнхэр дгъэзэщIэным пигъэлъэщ!

АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» адыгэ фильмым иджыри къыздэсым цIыхухэр кIуэурэ йоплъ. КиногъэлъэгъуапIэхэм зэрыжаIэмкIэ, ар ягъэлъэгъуэнущ еплъын къэкIуэху. 
Фильмым цIыхур зыхуишэ гупсысэр куущ, щилъагъу дерсыр щхьэпэщ, нэгъуэщI лъэпкъхэм дакъызэрыригъэцIыху щIыкIэр щапхъэщ.
Абы Урысейм щеплъахэм я гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ:
Щхьэлахъуэ Светланэ (театр критик, Мейкъуапэ): Мейкъуапэ дыщеплъащ Адыгэ Республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор и «Невиновен» фильмым. Андзор дэ фIы дыдэу доцIыху ди театрым щищIа лэжьыгъэ телъыджэхэмкIэ. Иджыри къэс театр режиссеру тцIыхуамэ, иджы кинорежиссеру ди пащхьэ къихьащ. Ар щIэкъым. Апхуэдэ лъэбакъуэ зыча ипэ итащ адыгэ щIалэм. Къапщтэмэ, ЕмкIужым режиссер курс нэхъыщхьэхэр къыщиуха и егъэджакIуэ Захаров Марки и театр лэжьыгъэмкIи и кино IэдакъэщIэкIхэмкIи цIэрыIуэт. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, кинор куэд щIащ Андзор и гъащIэм къыхэрыхыхьэрэ. Ар «Мосфильмым» щылэжьащ, фильмхэм, телесериалхэм хэтащ, Налшык къигъэзэжа нэужьи, клипхэр, рекламэ роликхэр трихащ, ди театрым щыщыIэми, аращ дгъэлъэгъуэну спектаклхэр дахэу цIыхубэм я пащхьэ ихьэн щIэзыдзар. АбыкIэ жысIэну сызыхуейр, ЕмкIужыр кином зэрымыщIэкIэ къыщыхутакъым. 
«Невиновен»-м Андзор и творчествэм и зы напэкIуэцIыщIэ къытхузэIуихауэ аращ. Мыбы адыгэ щIалэр и режиссерщ, и сценаристщ, и продюсерщ, уеблэмэ, актеру дакъикъэ зы-тIукIэ хэтщ. 
Кином ущеплъкIэ, тезыхахэр джэгуурэ, къафIэмыIуэхуурэ трахауэ къыпщохъу апхуэдизкIэ дахагърэ псынщIагъкIэ псыхьащи, псэм къытемыхьэлъэу зэхэгъэуващи. Пэжщ, нэпс къезыгъакIуэ, гум хыхьэ сценэхэр хэтщ, итIани цIыхугур щыз зыщI гупсэхугъукIэ кинор зэрыгъэнщIар телъыджэщ. Ар къызыхэкIыр, дауи, сыт хуэдизу гугъуу зэхэухуэна сюжет имыIами тыншу къызэрыбгурыIуэрщ, наIуэу уи нэгу къызэрыщIигъэувэрщ, къэхъукъащIэр нахуэу къигъэлъагъуэу ар зэрызэфIэкIыжри IупщIу зэрыгъэпсарщ. 
Сюжетыр зыми емыщхь зыщIыр кином лъабжьэ хуэхъу Iуэхум и зэфIэхыкIэ хъуращ. Лейр бгъэгъуфу щытыпхъэщ. Зыгуэрым къигъэувыIэн хуейщ а лъыгъажэр. Арыншамэ, цIыху цIыкIур зэрыукIыжынущ. Кином къызэрыхэщым хуэдэщ, адыгэм и хабзэр ткIийщ, абы уебэкъуэныр къезэгъыркъым. 
Куэд къыбжеIэ фильмым и кIэухми. Абдежи къыщыбоцIыху ЕмкIужым и хъэтIыр. ЛъэныкъуитIыр зэрызэкIужам къыщигъэувыIэкъым абы Iуэхур. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыр шыпсэкъым, атIэ художественнэ кинощ, цIыхубэм зыгуэр яхихьэн хуейуэ. Псом нэхърэ нэхъ гум дыхьэу хэт лIыхъужьыр — Хьэлыуэ къытохуэ, IэщIэщIар къызыгурыIуэжа, щIегъуэжа лIыукIым траубыда фочышэр. Ар лъыщIэжыр пызыщэну хуейхэм яхуэгъэза джэпсалъэщ, Тхьэр зэрымыарэзыр къэзыгъэлагъуэ къэхъугъэщ. Зы лъэныкъуэкIэ я нэхъ хейр хокIуадэри, ар дерс мэхъу, адрей лъэныкъуэмкIэ, гъэсэныгъэм, зэгурыIуэныгъэм, шыIэныгъэм укъыхуреджэ. 
Петрухин Алексей (режиссер, продюсер, Москва): ЕмкIуж Андзор талант ин зыбгъэдэлъ, гупсысэкIэ телъыджэ зиIэ режиссерщ. Абы гъуэгуанэшхуэ къызэрыпэщылъым сэ шэч къытесхьэркъым. Сыт ар адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр? Ар къыбжеIэ и япэ лэжьыгъэм. «Невиновен» фильмым езыр зыхуей дыдэ гупсысэр щIилъхьащ абы, гупсысэ куу, зэпэщ. Ауэ щыхъукIи а гупсысэм дэ дытришэну, къыткIэрипхэну иужь иткъым, атIэ дегупсысурэ дыхуэкIуэжын хуейуэ къытхуегъанэ, уеблэмэ, абы хэт лейзехьэм и пIэкIэ дэ дыкъуаншэу къытщыхъужу доплъ, апхуэдизкIэ дызыIэпешэри, жиIэну зыхуейр ди деж къехьэсыфри. 
Кинор щыIэн хуейщ. Псом хуэмыдэу фэ, Кавказым исхэм, адрейхэм яжефIэни, явгъэлъагъуни фиIэщ. Фи бынхэр зыщIэфпIыкI хъун, дуней псом щыбгъэлъагъуэмэ, щапхъэ къызыхахын куэд фхутехынущ. Ар наIуэ ищIащ «Невиновен»-м, ар къыдэзыгъэкIа «Кавказфильм» киностудием. Си щхьэкIэ ар тезыхахэр къэмыувыIэу адэкIи лэжьэну сыхуейщ. 
ЕмкIужым триха фильмыр дунейпсо мардэм изэгъэнымкIэ лэжьыгъэр (постпродакшн) щекIуэкIар сэ сызиунафэщI «Русская Фильм Группа» кинокорпорацэращ, хуабжьу ди гуапэщ Кавазым и кинематографыр къэзыгъэщIэрэщIэж гупым ди гуащIэ зэрыхэлъыр. 
Хубиев Ислам (КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ печатымкIэ и министрым и къуэдзэ, Черкесск): Совет лъэхъэнэм лъандэрэ кином и фIагъыр мыхьэнэншэ зэрыхъуар псоми ящIэ. Абы къыхэкIыу, иужьрейуэ траха сюжет къызэрыгуэкI зиIэ фильмхэм я зэранкIэ, «Невиновен»-м арэзы сыкъищIыну апхуэдэу удихьэхыу, пфIэгъэщIэгъуэну уеплъыну сыщыгугътэкъым. Ауэ сыщыуэу къыщIэкIащ. Сэ сыкинокритиккъым, ауэ творчествэм пщIэ зэрыхуэсщIым къыхэкIыу къызгурыIуэр мащIэкъым. Си адыгэ къуэш ЕмкIуж Андзор (езы Ислам къэрэшейщ) и зэчийр къызэрымыкIуэщ. Аращ зи фIыщIэр мы фильм телъыджэр дунейм къызэрытехьар. 
«Невиновен»-р гулъытэшхуэ зыхуэщIыпхъэщ, псори еплъын хуейщ, си фIэщ мэхъу цIыхубэм абы хуэфащэ уасэ зэрыхуагъэувынур. Пэжагъыр, гуапагъыр, щIыхьыр, гумащIагъэр, лъагъуныгъэр, гъэсэныгъэр, гууз-лыузыр гъуазэ зыхуэхъу дэтхэнэми мы фильмыр игу дыхьэнущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэ цIыхугъэр япэ изыгъэщхэрщ мыр зи фильмыр. Кином ущеплъкIэ зыхэпщIэ гурыщIэхэр псалъэкIэ къэпIуэтэжыну гугъущ. Абы папщIэ уеплъын хуейуэ аращ. Мыр ди къэралым ис дэтхэнэ лъэпкъым, цIыхум дежкIи щхьэпэщ. 
Конторинэ Александрэ (журналист, Иркутск): Фильмыр сигу ирихьащ, е ирихьакъым зыхужаIэхэм ещхькъым «Невиновен»-р. Мыр нэгъуэщI дуней гуэрым щыщу къысщохъу, ар Кавказым зэрыщытрахар, адыгэ щIалэм зэрытрихар арагъэнщ къызыхэкIыр. Ауэ нэхъ куууэ уеплъмэ, мыр куэд къыбжезыIэ кинощ. Къапщтэмэ, Кавказым щыщ щIалэхэм я гум щыщIэр псалъэкIэ къаIуатэу, зыгуэрым щытхъуу, псалъэ лей жаIэу щыткъым. Адыгэхэм нэкIэ, плъэкIэкIэ, я зыгъэхъеикIэ къудейкIэ къыбгурагъаIуэ жаIэну зыхуейр. Ар зыкIэ дахэу къыщыгъэлъэгъуащ мы фильмми умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Мыбы псалъэр щымащIэщ, ауэ я хьэл-щэнымрэ я Iуэху щIэкIэмрэ щытелъыджэщ. 
Къуажэм дэс «делэ цIыкIум» и образ къудейр къащти, кином и кIыхьагъкIэ куэд жиIэкъым, ауэ а жиIэхэри купщIэ зиIэ защIэщ. «Уделэмэ нэхъыфIщ, улIыукI нэхърэ», — жеIэ Хьэлыуэ, щIалэ пхъашэхэм яхыхьауэ. Мыбдежым сигу къэкIыжащ Парко Россо и псалъэхэр «Кхъуэуэ ущытыныр нэхъыфIщ, фашисту ущытыным нэхърэ». Ар сыту псалъэ пэж. 
Мы фильмыр ягу щIыхьэнущ зэгуэр гузэвэгъуэ къызэжьэхэуахэм, уеблэмэ, гу зыкIуэцIылъ дэтхэнэм дежкIи гущIыхьэщ мыр. КъищынэмыщIауэ, «урыс кинокъым, кавказ кинощ», — жызыIэни къахэкIынущ. Ауэ еплъын хуейщ, Кавказым щекIуэкI гъащIэмрэ абы и цIыхухэмрэ къывгурыIуэну фыхуеймэ, фи щхьэ фегупсысыжыну, зыкъэфцIыхужыну фигу илъмэ, мыбы феплъыпхъэщ, сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIари. 
Мыр нэгу зезыгъэужь кинокъым, мыр псэм дыхьэ кинощ, Кавказыр къэзыгъэлъагъуэ фильмщ. Хьэлыуэ гузавэу кином и кIыхьагъкIэ кърихьэкI уанэр зытефлъхьэн шы щIэх зэвгъэпэщыжыну Тхьэм жиIэ адыгэхэм. Абы гупсысэшхуэ щIэлъщ. 
Къул Амир (музыкант, режиссер Налшык): Си гуми, си псэми дыхьа кинощ «Невиновен»-р. Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIари, сыт хуэдэ дин зыIыгъри еплъыну щхьэпэщ, зыгъэгупсысэн, Iущ зыщIын куэд къыхахынущ. Хуабжьу гуапэщ ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэр, зэхэтыкIэр дахэу къызэрыщыгъэлъэгъуар. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрыс Урысейм зэрыщагъэлъагъуэр фIыщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыр зэкъуэтыныгъэм, зэныбжьэгъугъэм, мамырыгъэм теухуащ. Ди къэкIуэнур нэхъыфI хъун щхьэкIэ дыхуэныкъуэт дэ мыпхуэдэ кино. 
Тхьэм зригъэузэщI Андзор. Мы щIалэм кином щIилъхьа философиер телъыджэщ. Кином къыхалъагъукIыфам нэмыщI, езы режиссер зэчиифIэм и гупсысэхэр зэхэзыхахэм къагурыIуэнущ сэ зи гугъу сщIыр. Дэтхэнэ зы лIыхъужьми и образ нэс тлъэгъуащ, ауэ зы мэскъали мыхьэнэ гуэр имыIэу хэткъым. Уеблэмэ, кином хэт лIыхъужьым кърихьэкI уанэм хуабжьу Iуэхугъуэшхуэ ирепх ЕмкIужым, гъэщIэгъуэнракъэ, а хьэпшыпри зы образ псо ирокъу.
Никитинэ Надеждэ (егъэджакIуэ, Налшык): Хуабжьу куууэ адыгэ щэнхабзэмрэ хабзэмрэ къыщыгъэлъэгъуащ «Невиновен» фильмым. Абы цIыхуу еплъыр адыгэ хабзэм щыгъуазэ зэрыхъуну къудейр куэд и уасэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди щIалэгъуалэр щыгъуазэкъым лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэ псоми. Сэ куэдрэ сщыщIэупщIэ щыIэщ, щIалэгъуалэм садолажьэри. Ауэ адыгэхэм адыгэ хабзэр куууэ ящIэкъым, урысхэм урыс щэнхабзэм хащIыкI щыIэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ цIыху псори еплъын хуейщ мыбы, зыщыщ лъэпкъым емылъытауэ. Мыр иджырей зэманыр зыхуэныкъуэ фильмщ. Хуабжьу сахуэарэзыщ тезыхахэм.
 

  • Психология для самых маленьких дунины сказки
  • Психологические портреты героев сказок
  • Прячущийся в кустах как пишется
  • Прячущий как пишется правильно
  • Прочтите отрывок из сочинения современного историка и укажите как называлась летопись о которой